2021 гъэм щIышылэм и 10-м Владивосток, Калининград, Архангельск, Кисловодск зэгъусэу щыпагъэнащ шэху уэздыгъэ 2000 дунейм къытемыхьэ щIыкIэ ныбэм илъу ягъэкIуэдыжа сабийхэм я фэеплъу. А къалэхэм я георгафие щытыкIэм жор теплъэ иIэщ. ТхьэлъэIумрэ члисэ шэху уэздыгъэхэр пыгъэнэнымрэ ныбэм илъу ягъэкIуэдыжа сабийхэм я фэеплъыр, Кисловодск и Пантелеимон члисэм щрагъэкIуэкIащ. Члисэ тхьэлъэIум хэтхэр щIэлъэIуащ ныбэм илъ сабийхэр ягъэкIуэдыжыныр къызэтрагъэувыIэну. ТхьэлъэIур щIышылэм и 11-м траухуащ, пащтыхь Ирод Вилеем сабий мин 14 щиукIам.
«Нэгъабэ и щыпэгъэм щыщIэдзауэ Урысейм аргуэру къыщахутащ къалъхухэм нэхърэ лIэр нэхъыбэ зэрыщыхъуар. 90 гъэхэм къэхъуа а Iуэхугъуэм демографхэр йоджэ «урыс жоркIэ». «Урысейм и жор тхьэлъэIу» Iуэхур хуэунэтIащ жылагъуэм цIыху хэщIыныгъэ щIыщыIэм гу лърагъэтэным, - жиIащ «ГъащIэм папщIэ!» зэгухьэныгъэр къызэзыгъэпэща Чесноков Сергей, Кисловодск Тхьэ щелъэIуам.
***
2015 гъэм щыщIэдзауэ «ГъащIэм папщIэ» зэгухьэныгъэмрэ псапэ щIэнымрэ социальнэ къулыкъухэмкIэ Синод къудамэмрэ «ГъащIэр хъумэ» программэр ягъэзащIэ. Программэм хыхьэу психолог, социальнэ лэжьакIуи 178-м я лэжьыгъэм пщIэ щIат. «ГъащIэр хъумэ!» проектым хэтхэм илъэситхурэ ныкъуэм къриубыдэу ныбэм илъ сабий мин 13 кърагъэлащ.