Епархием и советым и зэIущIэ щызэхэтащ Псыхуабэ епархием

22.12.2020
Просмотры: 2250

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м Псыхуабэ епархием и Епархие советым и зэIущIэ зэхэтащ. ЗэпэIэщIэу екIуэкIа зэпсэлъэныгъэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт советым хэтхэр иригъэблэгъащ, благочиннэхэмрэ епархием и къудамэхэмрэ я унафэщIхэр щIыгъуу. ПсапащIэ, Члисэмрэ жылагъуэмрэ я зэхущытыкIэхэмкIэ, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэхэм я лэжьыгъэр къехъулIауэ абы къыщалъытащ.

Апхуэдэу советым хэтхэм лъагэу къалъытащ дыгъэгъазэм и 16-м зэхэта Парламент зэIущIэр, епархием и Хъуромэ къеджэныгъэхэм хыхьэу. Япэу видеозэпыщIэныгъэкIэ абы щызэхуэсащ КъБР-м закон къыдэзыгъэкI и органым и унафэщIхэмрэ депутатхэмрэ, республикитIми я щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. А махуэ дыдэм Налшык щагъэлъэпIащ «За нравственный подвиг учителя» зэпеуэм и Iыхьэм щытекIуахэр.

Советым и зэIущIэм и иужьрей Iуэхугъуэ хъуащ къапэщылъ Епархием и зэхыхьэр, дыгъэгъазэм и 23-м зэхэтынур. Абы къыхэкIыу, щIыналъищым языхэзым, Псыхуабэ епархиер здэщыIэм, эпидемие щытыкIэр щынэгъуэщIщ, зэхуэсыр видеозэпыщIэныгъэкIэ ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ. Советым хэтхэм къалъытащ къапэщылъ зэIущIэм зэрахуэхьэзырыр икIи зэхыхьэм и повесткэм арэзы техъуащ.

2250
Фотогалерея