Хъуромэ зэIущIэм КъБР-мрэ КъШР-мрэ я Парламентхэр зэхуишэсащ

18.12.2020
Просмотры: 2605

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ «Александр Невский: Запад и Восток, историческая память народа» XXIХ дунейпсо щIэныгъэ Хъуромэ къеджэныгъэхэр.

КъБР-м закон къыдэзыгъэкI и органым и блынхэм Парламент зэIущIэр хабзэ хъуауэ щрагъэкIуэкI. Мы гъэм санитарно-эпидемие щытыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ Хъуромэ къеджэныгъэхэм. Ар видеоконеренцэ Iэмалым тету ирагъэкIуэкIащ, щIыналъэ щIыбхэми зэхыхьэр щрагъэкIуэкIыну Iэмал къаритри – абы къыхыхьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсыр (Парламентыр).

Хъуромэ къеджэныгъэхэм хэтащ КъШР-м и ЦIыхубэ зэхуэсым и УнафэщI Иванов Александр, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрым и унафэщI Бердиев Исмаил, дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ синод къудамэм зэхыхьэхэмрэ зэпеуэхэмкIэ и унафэщI иеромонах Трион (Умалатов), театрымрэ киномрэ я актёр, «Мастер» театр студием и унафэщI, «Кабардино-Балкария – 100» урысейпсо кинофестивалым хэт Иванов Николай, КъБР-м и Парламентым, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым я депутатхэр, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я жылагъуэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм я лIыкIуэхэр. Къеджэныгъэхэр къызэIуихащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

А махуэ дыдэм КъБР-м егъэджэнгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езау Анзор щIыгъуу «За нравственный подвиг учителя» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм къыхэжаныкIахэр ягъэлъэпIащ. Округым и зэпеуэм и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр Москва ягъэхьащ урысейпсо Iыхьэм.

2605
Фотогалерея