Псыхуабэрэ Кисловодскрэ щагъэлъэпIащ къэзакъ анэм и махуэр

05.12.2020
Просмотры: 2313

2020 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м Тхьэм и Анэм и Введения члисэм и махуэшхуэм, Горячеводскэ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм папщIэ хъуэхъу ягъэхьэзыращ, станицэм и зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм къабгъэдэкIыу. Махуэшхуэм и пэ къихуэу члисэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ, абы хэтхэм я гуэныхьхэр щаIуэтэжар икIи Христос и щэхухэм зыщыхагъэгъуэзар.

Махуэшхуэр щрагъэкIуэкIащ къэзакъ анэм и скульптурэ теплъэм и скверым деж, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт 2015 гъэм игъэнэхуар. Махуэшхуэм щызэхуэсащ Псыхуабэ Думэм и Iэтащхьэ Похилько Людмилэ, Горячеводскэ станицэм и зэгухьэныгъэм и депутат, атаман Савченкэ Владимир, Псыхуабэ и къэзакъхэр. Епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, къэзакъхэм я махуэшхуэмкIэ

щехъуэхъум, архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур махуэшхуэм хэтхэм ялъигъэIэсащ.

А махуэм Кисловодск и къэзакъхэр щызэхуэсащ къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм, Тхьэм и Анэм и Введение, къэзакъ анэм я махуэхэм IущIэн папщIэ. ТхьэлъэIу литургие нэужьым члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген махуэшхуэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ къэзакъ щIалэхэм тхьэрыIуэ ящIащ. Атаман Семенов Александр къэзакъ анэхэм щIыхь тхылъхэр яритащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм Гермоген тхьэлъэIум хэтхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, гуфIэгъуэ, узыншагъэ яIэну, Тхьэр къадэIэпыкъуну.

2313
Фотогалерея