Епархием щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну зышэ и къулыкъущIапIэм маршрутыщIэ къызэIуихащ

09.11.2020
Просмотры: 2599

2020 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ екIуэкIащ Кавказ – Кубань маршрутыщIэм тет зекIуэ, Псыхуабэ епархием и «Кавказский Паломник» IуэхущIапIэм къызэригъэпэщар.

Москварэ Екатеринбургрэ къикIа хьэщIэхэр щыIащ Кавказский Феодосий и къарум щыщ Iыхьэхэм деж, Бештау бгым тет Второафонскэ къулъшырыфым, члисэхэм, лъапIэнгъэхэм, Псыхуабэ, ЕссэнтIыгу, Кисловодск я тхыдэм.

Зэхыхьэм хэтхэр пщыхьэщхьэ тхьэлъэIум Къэзан тхьэнапэм и махуэшхуэм щыхэтащ Архыз. X лIэщIыгъуэм и члисэжьхэм, КъуэкIыпIэ Кавказым ибгхэм я дахагъэм ятхьэкъуащ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуэхэр.

Программэм хэтт къулъшырыф псоми кIуэну, Урысейм и монах-афонитхэм яухуахэм, аращ къыкIэлъыкIуэу Адыгейм, Михайло-Афон Закубан къулъшырыфымкIэ щIаунэтIар. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуну къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр хьэщIэхэм гуапэу IущIащ, пшахъуэщIхэм зыщаплъыхьащ, къулъшырыфым и Iэгъуэблагъуэм, музейм щыIащ.

Маршрутыр щызэхуащIыжащ Краснодар, Кубаныпсым и деж къэзакъхэм Екатеринэ II –м и унафэкIэ щаухуам. Зэман кIыхькIэ а къалэм ЕкатеринодаркIэ еджэу къекIуэкIащ, урыс пащтыхь гуащэм и щIыхькIэ. Къалэм и члисэ нэхъыщхьэри абы и щIыхькIэ яухуащ. Къалэм и члисэхэм, фэеплъхэм зыщаплъыхьащ, Урысейм и тхыдэр къащIэжу, щIэхэм зыхагъэгъуазэу.

ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну щыIахэм маршрутым папщIэ фIыщIэ хуащIащ ар къызэзыгъэпэщахэм. «Симбировэ Анастасия, Екатеринбург щыщ инженерым итхащ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ делъэIуну дызэрашам папщIэ фIыщIэ фхудощI, - гукъэкIыж гуапэхэр дигу къинэжащ. Тхьэм и фIыщIэкIэ».

«Кавказыр сэркIэ щIэщ, - жиIащ Москва телевиденэм и лэжьакIуэ Рябовэ Наталье, - къэзгъэзэжынуи сыхущIэкъурт».

2599
Фотогалерея