ФIэщхъуныгъэ зиIэ Лазарь и фэеплъ махуэм ирагъэжьащ Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм и скверыр зэрагъэпэщыжын

30.10.2020
Просмотры: 2750

2020 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м, фIэщхъуныгъэ зиIэ Лазарь и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий инстаграммым щиIэ аккаунтым щыжиIащ Лазаревскэ члисэм и скверыр зэрагъэпэщыжыну зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIар икIи лэжьыгъэхэр мыгувэу зэрырагъэжьэнур. Iуэхур Псыхуабэ и къалэр егъэфIэкIуэным теухуа программэм щыщ Iыхьэ хъуащ.

***

1826 гъэм Бернардацци зэкъуэшхэм къыхахащ къалэм пэжыжьэу щIыпIэ, Псыхуабэ и кхъэм пэгъунэгъуу члисэм и проект зэхагъэуващ. 1828 гъэм архимандрит Товий тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ члисэм и мывэр гъэтIылъыным теухуауэ. Япэ мывэр игъэтIылъащ Кавказ линием и унафэщI Эммануэль.

Лазаревскэ члисэм тхьэнапэ щахъумэ, 1842 гъэм Лермонтов Михаил и анэшхуэм тыгъэ къахуищIар, 1841 гъэм и бадзэуэгъуэм щIакIуэкIапэ нэужьым щIалъхьэжар. ИужькIэ усакIуэр Тарханах ягъэIэпхъуэжащ.

Мывэ члисэр щихъ Лазарь и цIэкIэ 1847 гъэм яухуэн щIадзащ, 1856 гъэм нагъэсынущ. И лъабжьэр зэрымыщIагъуэм къыхэкIыу 1884 гъэм ар зэгуэкIыу щIидзащ икIи зэтрахыжын хуей хъуащ.

1895 гъэм члисэщIэм и лъабжьэр зэтралъхьащ. Ухуэныгъэм и нэIэ тетащ къалэ архитектор Графф Василий, проектыр зи Iэдакъэ къыщIэкIар. 1902 гъэм члисэкхъэр яухуащ. 1903 гъэм Владикавказскрэ Моздокскрэ я щихънагъ Владимир игъэнэхуащ члисэ фIэщхъуныгъэ зиIэ Лазарь и щIыхькIэ. 2000 гъэм накъыгъэм и 6-м члисэм щагъэнэхуащ щихъ, Кавказскрэ Черноморскрэ я епископ Брянчанинов Игнатий и щIыхькIэ.

2750
Фотогалерея