«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и унафэщIыр Краснодар конференцэм къыщыпсэлъащ

16.10.2020
Просмотры: 2480

Псыхуабэ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис IуэхущIапIэм и унафэщI Рубец Ларисэ къыщыпсэлъащ «Проблемы реабилитации и ресоциализации беременных женщин и матерей с детьми, оказавшихся в трудной жизненной ситуации»» щIэныгъэ-практикэ конференцэм.

Зэхуэсыр Краснодар щекIуэкIащ Урыс Чристэн Члисэм члисэ псапэ щIэнымрэ социальнэ къулыкъу лэжьынымкIэ и Синод къудамэр, Екатеринодар епархием социальнэ къулыкъу щIэнымкIэ и къудамэр, Президент грантхэмкIэ фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.

Зэхыхьэм хэтащ ЮФО-мрэ КИФЩI-мрэ, Москва, Краснодар къалэхэм я къэрал, члисэ кризис IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, цIыхум, сбаийм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ Уполномоченнэхэм я аппаратым и лIыкIуэхэр, Краснодар къалэм и министерствэхэм, ведомствэхэм ящыщхэр.

Зэхуэсым и спикерхэр къытеувыIащ щытыкIэ гугъу ихуа анэхэм, бзылъхугъэ уэндэгъухэм ядэIэпыкъуным ехьэлIауэ зэфIагъэкIхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ я лэжьэгъухэр зрагъэцIыхуащ. Конференцэм хэтхэм къыхагъэщащ къэралымрэ жылагъуэмрэ я къарур зэщIагъэуIуэн зэрыхуейр, кризис щытыкIэм къикIын папщIэ.

Ларисэ зэхыхьэм къыщыпсэлъащ икIи и Iуэху еплъыкIэхэр къыщигъэлъэгъуащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэIущIэм хэтахэм иратащ сертификатхэмрэ конференцэм и материалхэр щызэхуэхьэса сборникхэмрэ.

2480
Фотогалерея