ФокIадэм и 28-м щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм и 2 пщIондэ 2020 гъэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, щоджэнхэмрэ къызэрыгуэкI мамыр цIыхухэмрэ Псыхуабэ епархием щыIащ Тверь митрополием и лъапIэныгъэхэм.
ЗекIуэр ирагъэжьащ Воскресенскэ Новоиерусалимскэ цIыхухъу къулъшырыфымкIэ. Истрэ псыежэхым и Iуфэм патриарх Никон
къыщызэригъэпэщащ щIыналъэ лъапIэм и теплъэмрэ КъегъэлакIуэ Христос и члисэ зэхуэхьэсамрэ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр еплъащ члисэхэм, лъапIэныгъэхэм гъунэгъу зыхуащIащ, апостол пэлъытэхэу Константинрэ Еленэрэ я цIэр зезыхьэ члисэм щыIащ.
Тверь къалэм и члисэхэм зыхагъэгъуэзэн щIадзащ Белая Троица члисэм и деж, 1564 гъэм яухуам. Члисэр тхуэнейрэ яухуэжащ икIи абы зрагъэубгъуащ, XX лIэщIыгъуэм илъэс 25-м щIигъукIэ центрым и члисэ закъуэу къекIуэкIащ.
Волгэ Iуфэм, XVIII лIэщIыгъуэм и Воскресенскэ члисэм Тхьэнапищ члисэу къыщацIыхум щыIэщ Тверь щыщ цIэрыIуэ Никитин Афанасий и фэеплъыр. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр члисэм тхьэ щелъэIуащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм 1997 гъэм иратыжам икIи куэд къащIащ курыт лIэщIыгъуэм щыIа зыплъыхьакIуэм теухуа куэд.
ЩIыналъэ лъапIэм щыIахэр кIуащ Тверь и Отроч Успенскэ къулъшырыфым, 1265 гъэм къызэрагъэпэщам. XVI лIэщIыгъуэм къулъшырыфыр щихъ Грек Максим щагъэтIыса щIыпIэ хъуащ, щихъ Филипп абы щылIэжащ, XVIII лIэщIыгъуэм къулъшырыфым и унафэщI хъуащ щихъ Задонский Тихон. Къулъшырыфым иджыпсту зыри къыхэнэжакъым. Успенскэ члисэ зэхуэхьэсаращ къэнэжар.
Тверь и Воскресенскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам Тхьэ щелъэIуащ щихъ пэлъытэ Сергий (Серебрянский) и къарум щыщ Iыхьэхэм деж икIи члисэм и тхыдэм зыхагъэгъуэзащ, 1916 гъэм митрополит Серафим (Чичагов) игъэнэхуар. Воскресенскэ члисэ зэхуэхьэсар урыс модерн теплъэм тету яухуащ. Члисэ зэхуэхьэсам пэгъунэгъуу Псыхуабэ и хьэщIэхэр Тхьэ щелъэIуащ Христовоздвиженскэ къулъшырыфым.
Тверь зэрыщыIам и нэхъыщхьэ хъуащ Псыхуабэ епархием икIа гупыр Тверь и митрополит Амвросий Кашинский зэрыIущIар. Тверь митрополием и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм и чристэн гъащIэм, епархием и псэупIэ унэр ирагъэлъэгъуащ, хьэщIэхэм гуапэу епсэлъащ.
ИтIанэ щIыналъэ лъапIэм кIуахэм яунэтIащ Николо-Малицкэ къулъшырыфымкIэ. Къулъшырыфым щыщIэдзауэ, XVI лIэщIыгъуэм и кIэуххэм къэунэхуам зыри къыхэнэжакъым монах гъащIэр къыщыщIэрэщIэжами абы лъабжьэ хуэхъуащ Афон Бгы ЛъапIэр, Ватопед къулъшырыфым и теплъэмрэ и щытыкIэмрэ. ТхьэлъэIу уэрэдыр къулъшырыфым алыджыбзэрэ славяныбзэрэкIэ щрагъэкIуэкI. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм тхьэлъэIур къулъшырыфым и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэм щихъ Николай Мирликийск и теплъэм деж щрагъэкIуэкIащ.
Нило-Столобенскэ пшахъуэщIым щыкIуэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм яунэтIащ Старо-Вознесенкэ Тихвинскэ члисэ Торж къалэм дэтым. Урысейм и фэеплъыр 1653 гъэм къызэрагъэпэщащ. Торжок и Борисоглебскэ цIыхухъу къулъшырыфым тхьэлъэIум хэтхэм зыщыхагъэгъуэзащ щихъ Новоторский Ефрем и къарум щыщ Iыхьэхэм. XI лIэщIыгъуэм и щихъым и къарум
щыщ Iыхьэхэр 1572 гъэм къэунэхуащ. Гъуэгу здытетым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр ирагъэдэIуащ щихъым и гъащIэм теухуахэм. Пщыхьэщхьэм ахэр Селигер гуэлым нэсащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм и пщэдджыжьым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм къулыкъу дащIащ Нило-Столебенскэ къулъшырыфым къикIахэм къулъшырыфым и Богоявленскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэлъэIу литургиер. ТхьэлъэIу нэужьым Тхьэм и Анэм и Оковецкэ тхьэнапэм деж щыIэ псынэпсым кIуахэщ, пщыхьэщхьэм къулъшырыфым и музейм зыплъыхьакIуэ кIуащ. Къулъшырыфым щикIым дэтхэнэ зы щоджэнми гупым хэтхэм иратащ щихъ Столбенский Нил и къарум щыщ Iыхьэхэмрэ щихъым и тхьэнапэмрэ.
Москва къыщыкIуэжым Завидовэ къуажэм и Успенскэ члисэ комплексым хыхьэу XVII, XVIII лIэщIыгъуэхэм я Успенскэ, Троицкэ члисэхэм зыщаплъыхьащ, унафэщI щоджэн нэхъыжь Ильин Валерий зрагъэцIыхуащ. УнафэщIым Тхьэм къулыкъу хуещIэ 1978 гъэм щыщIэдзауэ икIи Завидовэ къуажэм и екIуэлIапIэм зэпымыууэ щыIэщ. Валерий Псыхуабэ епархием и хьэщIэхэм защригъэплъыхьащ комплекс телъыджэм и члисэхэмрэ музейхэмрэ. ИужькIэ гупым унэм къагъэзэжащ.