Чристэн гимназием щыIащ Кисловодск егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и унафэщIыр

19.09.2020
Просмотры: 2906

Мы махуэхэм Кисловодск и Чристэн Свято-Никольскэ классикэ гимназием щыIащ къалэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и унафэщI Рябошапкэ Светланэ.

Светланэ класс нэхъыжьхэм щеджэхэм дерсхэмрэ зыгъэпсэхугъуэхэмрэ ирихьэлIэу епсэлъащ, классхэр IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрызэгъэпэщам зыхигъэгъуэзащ, спорт, тренажер пэшхэм я щытыкIэр къиплъыхьащ, егъэджэныгъэ программэм хыхьэу Чристэн фIэщхъуныгъэм и лъабжьэ дерсым чристэн диныр зэрыщаджыр зригъэщIащ.

Гимназием и гъэсэн цIыкIухэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ члисэ уэрэдхэр жыIэнымкIэ дерсым. ЕгъэджакIуэ Игнатенкэ Еленэ и нэIэм щIэту, ещанэ классым щIэсхэм Тхьэм и Анэм, Хэку зауэшхуэм, школ зэныбжьэгъугъэм теухуа уэрэдхэр ягъэзэщIащ. Светланэ щыIащ пэщIэдзэ классым и нэгъуэщI дерсхэм, япэ классым кIуэхэм епсэлъащ, гимназием и библиотекэм и фондым халъхьа тхылъхэми зыхигъэгъуэзащ.

ХьэщIэм къыхигъэщащ гимназием и щыIэкIэм школым и щытыкIэр зэриубзыхур, нэгъуэщI егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм къащхьэщигъэкIыу. Гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн Светланэ фIыщIэ хуищIащ къазэрыхуеблэгъам папщIэ икIи махуэшхуэм иригъэблэгъащ, гимназием егъэджакIуэхэм я Махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщынум.

2906
Фотогалерея