«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм егъэзащIэ Москва Патриархием и грант проектыр

01.09.2020
Просмотры: 2616

Псыхуабэ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис IуэхущIапIэм псапэ лэжьынымкIэ и Синод къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу къыIэрыхьащ «Норильский никель» IуэхущIапIэм и президент Потанин Владимиррэ Москва Патриархием и псапащIэхэмрэ щIыналъэ центрхэмрэ анэхэм я екIуэлIапIэхэмрэ папщIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ хуащIэным хухахахэр.

Грант ахъшэмкIэ махуэ къэс къащэхуурэ ягуэш ерыскъыпхъэу набори 100, хугухэкIхэм я мызакъуэу консервхэри дагъэри лыхэкIхэри гъэшхэкIхэри хыхьэу. Сабиищ е нэхъыбэ зыпI унагъуэу IуэхущIапIэм и нэIэм щIэтхэм апхуэдэ набор мазэ къэс хуашэ.

Грант бюджетым и статья щхьэхуэщ – сабийхэм я шхыныгъуэхэр, илъэс иримыкъуахэм. Апхуэдэ шхыныгъуэр яIэрыхьащ унагъуэ 50-м щIигъум. Къабзагъэм ехьэлIа наборхэр бадзэуэгъуэ мазэм яIэрыхьащ хуэмыщIа унагъуи 100-м.

Сабийхэм папщIэ къабзагъэмкIэ наборхэр шыщхьэуIум ику лъандэрэ ягуэш. Абы хохьэ: подгузникхэр, салфеткэхэр, шампунь, сабын, крем, илъэсищ иримыкъуа сабийхэр зыхуеинухэр.

Гъэ еджэгъуэщIэм канцтовархэр иратащ пэщIэдзэ школым и еджакIуэ 200-м. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм школ Iэмэпсымэхэр шыщхьэуIум и 25 лъандэрэ щагуэш.

Грант мылъкукIэ къащэхуащ пленкэхэр, сабий къалъхугъащIэхэм папщIэ щащыхухэр, езыр-езыру псапэ зыщIэхэм папщIэ къабзагъэм зэрыкIэлъыплъхэр, епархием и кризис центрым и лэжьакIуэхэр зыхуэныкъуэхэр, щIыIалъэ, лыхэкIхэмрэ гъэшхэкIхэмрэ щахъумэн папщIэ.

«Анэхэм папщIэ унэ» грантым и фIыгъэкIэ анэхэмрэ уэндэгъухэмрэ щытыкIэ гугъу щихуэкIэ доIэпыкъу. Апхуэдэу зыщIагъэкъуащ центр 55-м, Урысейм и щIыналъэхэм анагъэр щахъумэн папщIэ.

2616
Фотогалерея