2020 гъэм шыщхьэуIум и 29-м Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Владикавказ къалэм щекIуэкIащ Тэрч къэзакъыдзэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и отчет-хэхыныгъэ. Зэхыхьэм хэтащ къэзакъи 185-рэ.
Пасэрей хабзэм тету, къэзакъхэм я дежкIэ дэтхэнэ зы зэIущIэри управленэм и орган нэхъыщхьэщ икIи махуэшхуэщ, я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэж, мурадыщIэхэр щаухуэ, зэныбжьэгъухэр щызэхуос, къэзакъ уэрэдхэр щагъэзащIэ.
Зэхыхьэм и хьэщIэ лъапIэ хъуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Iэтащхьэ Битаров Вячеслав, урысейпсо къэзакъыдзэм и атаман Долудэ Николай, къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым и унафэщI митрополит Кирилл.
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ зэхыхьэшхуэм хэтащ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан.
Иужьрей илъэситхум зэфIагъэкIахэм теухуа отчет нэужьым атаманыщIэр хахащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситхум атаман къулыкъум пэрагъэуващ подьесаул Кузнецов Виталий. Дзэ атаманым и япэ къуэдзэ хъуащ Бондарев Юрий.
Архиепископ Феофилакт атаманым ехъуэхъуащ къулыкъур дзыхь къызэрыхуащIамкIэ, жэуаплыныгъэ зыпылъ лэжьыгъэр щигъэзащIэкIэ Тхьэр къыдэIэпыкъуну ехъуэхъуащ икIи гугъэ ищIащ Члисэмрэ тэрч къэзакъхэмрэ иригъэфIэкIуэну.
***
Кузнецов Виталий 1980 гъэм накъыгъэм и 19-м зауэлI унагъуэм къыщалъхуащ, ССР-м и Азербайджан щIыналъэм и Сумгаит къуажэм. Ар тэрч къэзакъхэм къатехъукIащ. 2008 гъэм щыщIэдзауэ 2012 гъэ пщIондэ дзэ атаманым и къуэдзэу – къэзакъ генерал Бондарев Василий къекIуэкIащ, дзэ-патриот гъэсэныгъэмкIэ, РЦП зэпыщIэныгъэмкIэ. КИФЩI-м и комиссэм къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ хэтащ. Дзэ авиацэ университетыр къиухащ, экономикэ, юридическэ щIэныгъэ нэхъыщхьэхэр иIэщ. Иджыпсту авиацэ дзэ частым и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъур егъэзащIэ. «За воинскую доблесть» медалыр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Подполковникым щхьэгъусэ, зыпхъу иIэщ.