Псыхуабэ епархием и гупыр хэтащ псапащIэ зэхыхьэм

13.01.2020
Просмотры: 2728

2020 гъэм щIышылэм и 12-м Псыхуабэ и проспект нэхъыщхьэм ирикIуащ хъуэпсапIэхэр нэхуапIэ хъуным теухуа псапащIэ зэхыхьэм хэта цIыху щищыр. Спортыр фIыуэ зылъагъухэр стартым кIуащ, илъэситI хъу псыхуабэдэс Шаповаловэ Евэ и ДЦП узыфэр ягъэхъужын папщIэ.

Махуэр зэрымыуэфIми емылъытауэ, зэхыхьэм хэтхэр стартым кIуащ икIи километрищым нэс якIуащ, Псыхуабэ и проспект нэхъыщхьэм щыщIэдзауэ «Цветник» паркым нэсыху кIуэцIрыкIар. Дон Iус Ростов щыщ, абы хэта нэхъ цIыкIу дыдэм и ныбжьыр илъэсрэ мазитIрэ мэхъу, хабзэ зэрыхъуауэ, нэхъыжь дыдэ ЕссэнтIыгу щыщ Дубатовкэ Павел илъэс 91-рэ ирокъу.

Iуэхур къыхэзылъхьахэм ящыщ зы хъуащ Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэр. Къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия чристэн щIалэгъуалэм я пашэ хъуащ, зэхыхьэм хэтар.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэхуахьэса ахъшэмкIэ къащэхуащ тренажер-степпер, Евэ и узыфэр игъэхъужын папщIэ зыхуейр. «Амфибия» сабий центрым и унафэщI Пантелеевэ Аннэ хъыджэбз цIыкIум и адэ-анэм саугъэт яхуищIащ сабийм и узыншагъэр иригъэфIэкIуэн папщIэ бассейным зэрыкIуэну сертификат.

2728
Фотогалерея