2020 гъэм щIышылэм и 8-м ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэ комплексым и Iэгъуэблагъэм Урысейм япэу щагъэлъэпIащ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуэхэм я махуэр. Махуэшхуэр къызэрагъэпэщащ Петропавловскэ члисэм и къарукIэ, ЕссэнтIыгу къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэмрэ епархием и «Кавказский паломник» паломник IуэхущIапIэмрэ. Махуэшхуэр къыхэзылъхьар Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилактщ. Ар туризмым и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIащ, фокIадэм и 27-м.
- Ди гъащIэ псор щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIунырщ. Абы и къалэныр – Иерусалимщ – жиIащ Щихънагъ нэхъыщхьэм махуэшхуэм и хьэщIэхэм защыхуигъазэм. Бэзэрхэр, флешмобхэр, сабийхэм папщIэ «Морозко» таурыхъыр, IуэрыIуатэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, колядкэхэр, шхыныгъуэхэр утыку къихьэныр, хьэрэкIытIэхэр гъэлъэтэныр, щIыналъэ лъапIэхэм зэрыкIуэну путевкэхэр насыпырыхь джэгукIэ къэхьыныр ессэнтIыгудэсхэмрэ щIыналъэм и лъапIэныгъэхэм зыхэзыгъэгъуэзэну махуэшхуэм зыкърезыгъэхьэлIа и
хьэщIэхэмрэ гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. КъызэгъэпэщакIуэхэр щогугъ Урысейм и япэ махуэшхуэр – щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуныр хабзэ хъуну, фIэщхъуныгъэ зиIэ Обручник Иосиф чристэн щIыналъэ лъапIэхэм Тхьэ елъэIуну кIуэнухэм я хъумакIуэ хъуну!