Архиепископ Феофилакт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIущIащ Христос и хъуромэм

08.01.2020
Просмотры: 3505

Махуэшхуэм, 2020 гъэм щIышылэм и 7-м, архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Новоивановскэ къуажэм и Иоанно-Богословскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, члисэм и унафэщI щоджэн Бондарь Виталий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Щихънагъыр къеджащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и Хъуромэ тхыгъэм, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи махуэшхуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. А махуэ дыдэм, Пастыр нэхъыщхьэм Налшык къыщызэIуихащ Хъуромэ псейр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я бынхэм папщIэ. «Си къуэш, си шыпхъу цIыкIухэ! Христос и Хъуромэ махуэшхуэмрэ къэунэхуа ИлъэсыщIэмкIэ сынывохъуэхъу! Дэтхэнэри насып, мамырыгъэ, лъагъуныгъэ хуэныкъуэщ. Ар къехъулIэн папщIэ цIыхухэм фIэщхъуныгъэ яIэн хуейщ. ФIэщхъуныгъэ зиIэ цIыхур насыпыфIэщ икIи къарууфIэщ!», - къехь Щихънагъым и псалъэхэр РИА КъБР-м.

«Псом нэхъ дахэщ, нэхъ екIущ ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Налшык къалэр!», - къыхигъэщащ Щихънагъым. «Христос и хъуромэр фэри фи гъунэгъухэми я махуэшхуэ хъуну сынывохъуэхъу. Христос и хъуромэ махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу», - захуигъэзащ щоджэн нэхъыщхьэм махуэшхуэм хэтхэм. НыбжьыщIэхэр таурыхъ еплъащ икIи Щоджэн нэхъыщхьэм къыбгъэдэкI саугъэтхэр къратащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым саугъэт 500 къигъэшащ Псыхуабэ епархием. А махуэм и пщыхьэщхьэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу къулыкъур щригъэкIуэкIащ, члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэр щIыгъуу икIи псыхуабэдэсхэм ехъуэхъуащ Христос и ХъуромэмкIэ. Пастыр нэхъыщхьэм мыIэнэщIу махуэшхуэм зыкъригъэхьэлIащ. Утым щагуэшащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къраша мыIэрысэ тоннищ, шоколадхэр. Махуэшхуэм Хъуромэ уэрэдхэмкIэ, къэзакъ уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ пащащ. Зэхыхьэхэр щиухым хьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтеящ.

3505
Фотогалерея