Архиепископ Феофилакт щоджэн щIалэхэм я унагъуэхэм дэIэпыкъуну лъэIуащ

26.12.2019
Просмотры: 2477

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IущIащ дунейм ехыжа щоджэнхэм я щхьэгъусэхэм, бынунагъуэшхуэ, хуэмыщIа зиIэ матушкэхэм. Хабзэ зэрыхъуауэ зэхыхьэр хъуромэм и пэ къихуэу екIуэкIащ.

Архиепископ Феофилакт щыгуфIыкIащ екIуэлIапIэхэм, епархием и IуэхущIапIэхэм матушкэхэр зэрыщылажьэм, епархием и «Кавказский паломник»

IуэхущIапIэм и щIыналъэ лъапIэхэм зэрыкIуэм. Щоджэнхэм я унагъуэхэр зэпсэлъащ. Щихънагъыр матушкэхэм елъэIуащ щоджэн щIалэхэм я щхьэгъусэхэм унагъуэм и щэхухэмкIэ ядэгуэшэну, щоджэнхэм я унагъуэхэм дэIэпыкъуну къыхуриджащ, Члисэм къулыкъу хуащIэну гъуэгуанэм техьэхэм. ЗэIущIэм къыщытеувыIащ иджырей егъэджэныгъэмрэ члисэ уэрэдхэр жыIэнымрэ епархием зэрызыщрагъэужьынум. Матушкэхэм фIыщIэ хуащIащ Пастыр нэхъыщхьэм регентхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ я щIэныгъэ-практикэ конференцэ епархием дыгъэгъазэм и 5-м щекIуэкIам и IуэхукIэ къызэрыдэIэпыкъуам папщIэ. Архиепископ Феофилакт жиIащ матушкэхэм санаторэхэм зэрызыщрагъэгъэпсэхунур. Я узыншагъэр пщIэншэу матушкэхэм ирагъэфIэкIуэфынущ, Псыхуабэ епархием и псапащIэр я дэIэпыкъуэгъуу. Щихънагъ нэхъыщхьэм матушкэхэм удз гъэгъахэр, хъуромэ саугъэтхэр яритащ. ЗэIущIэр щиухым зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

2477
Фотогалерея