Архиепископ Феофилакт СКФУ-м и студентхэм я упщIэхэм жэуап иритащ

25.12.2019
Просмотры: 2103

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IущIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым Псыхуабэ щиIэ къудамэм и студентхэм. ЗэIущIэм хэтащ Ставрополь крайм и муфтийм и къуэдзэ Шарыпов Закир. Щоджэнхэм яIущIэныр студентхэмрэ еджапIэм и егъэджакIуэхэмрэ я дежкIэ хабзэ дахэ хъуащ.

Архиепископ Феофилакт фIэхъус щарихым ягу къигъэкIыжащ гъащIэм и мыхьэнэм, лIэныгъэм иужь щыIэ гъащIэм, дунейр щIыщыIэм, цIыху насыпым и щыIэныгъэхэм теухуа упщIэм фIэщхъуныгъэм жэуап зэрыритыр. «Хуигъэгъуну, фIыуэ илъагъуну, ныбжьэгъу ищIыну зы закони цIыхухэр къыхуриджэркъым, ауэ арыншауэ ди гъащIэр гуфIэгъуэ, мыхьэнэ имыIэ хъунущ», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм.

ЗэIущIэм куэдым щытепсэлъыхьащ, упщIэхэм жэуап щратащ. Студентхэм яфIэгъэщIэгъуэнт члисэхэмрэ мэжджытхэмрэ щIаухуэр, пцIыр гуэныхьу щIалъытэр, ар мыхъумыщIагъэ гуэрым ущызыхъумэу щытми. Студентхэр щIэупщIащ хьэщIэхэм Тхьэм къулыкъу хуащIэну гъуэгур къызэрыхахам, аскезэр зищIысым. Пастыр нэхъыщхьэм игу къигъэкIыжащ Афон къулыкъушырыфым и игумен, дунейм ехыжа Дохиар Григорий и псалъэхэр: «Аскезэр – сыщыхуейм дежщ, Iейуэ сыхуейуэ зыщыщысхъумэм и дежщ».

Члисэр хабзэхэм щIытетым щыщIэупщIэм, Щоджэн нэхъыщхьэм жиIащ Члисэр екIуэлIапIэм къакIуэхэм зэрыщIыгъур сыт щыгъуи. Ауэ Члисэр тетщ Тхьэм и унафэхэм, къэбгъэлъагъуэмэ, унагъуэм ехьэлIахэм. НэгъуэщI Iуэху еплъыкIи абдеж ущеплъыркъым.

Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ СКФУ-м и ректор Шыбзыхъуэ Татьянэ, зэIущIэр екIуу къызэрызэригъэпэщам икIи зэрыригъэкIуэкIам папщIэ, студентхэм Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ. Зэхыхьэм хэтахэр иджыри зэIущIэну зэгурыIуащ.

2103
Фотогалерея