Архиепископ Феофилакт къыщыпсэлъащ динщIэкъу нэхъыщхьэхэмрэ КИФЩI-м и тхьэмадэхэмрэ я зэхыхьэм

20.10.2019
Просмотры: 2480

2019 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыщыпсэлъащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александрррэ афиянымрэ фадэмрэ щIалэгъуалэм щыхъумэнымкIэ динщIэкъу

нэхъыщхьэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ щыIущIам. КъэпщытакIуэхэм къызэралъытамкIэ, Урысейм афияным щитхьэкъуащ мелуанитху. Абы щыщщ щIалэ дыдэхэри икIи а Iуэхугъуэм къэралым экономикэ и лъэныкъуэкIэ хэщIыныгъэшхуэ ирет.

- Фи зэхэщIыкIымрэ пщIэмрэ къэвгъэсэбэпи щIалэгъуалэр гъащIэ узыншэм хэфшэ, лъапIэныгъэпцIхэм щыфхъумэ, - захуигъэзащ кърихьэлIахэм Матовников Александр.

Урысейм и Жылагъуэ палатэм хэт, «Трезвая Россия» федеральнэ проектым и унафэщI Хамзаев СултIан, дин зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр, щIыналъэхэм я нэхъыжьхэм я тхьэмадэхэр зэхуэсри а Iуэху зэIумыбзым ехьэлIа я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэшащ, абыхэм зэрапэщIэтыным теухуауэ.

Архиепископ Феофилакт Псыхуабэ епархиемрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ центрхэм зэрадэлажьэм теухуа и еплъыкIэхэм къытеувыIащ икIи иджырей щэнхабзэм и Iуэху зэIумыбзхэр къигъэлъэгъущ.

2480
Фотогалерея