2019 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Прохладнэ къалэм и Покров члисэмрэ ягъэнэхуа члисэм тхьэлъэIу литургиерэ щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур
драгъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и щоджэнхэмрэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм щыпсэухэр, гъунэгъу станицэхэм щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, ба хуащIын папщIэ Жорыр иратащ, екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ. Махуэшхуэр фэеплъ сурэт зытрагъэхри зэхуащIыжащ.
***
Прохладнэ къалэм и Покров члисэр япэу XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм яухуащ. 1944 гъэм члисэр зэхакъутащ нэмыцэ кхъухьлъатэм и шэмкIэ. Абы иужькIэ члисэ ухуэныгъэр зэрагъэпэщыжащ икIи тхьэлъэIухэр щаублэжащ, нобэр къыздэсым хъума хъуа Iэрытх абы тетыр Iуэхум щыхьэт тохъуэ: «Мы фалъэр Тхьэм и Анэм и Покров екIуэлIапIэм ейщ, 1944 гъэ», итIанэ Ставропольскрэ Бакинскрэ я архиепископ Антоний 1947 гъэм Iэ зыщIидза антимисыр щIыгъуу. 1949 гъэм члисэр зэхуащIыжащ мы къыхуеджэныгъэм щIэту: «Тхыдэ лъапIэныгъэ иIэкъым». ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а зэманым ухуэныгъэр «РЖД»-м IэщIалъхьащ, иужькIэ сымаджэщ, мылицэм и къудамэ, Горькэм и цIэр зезыхьэ библиотекэ щылэжьащ. 2000 гъэм ухуэныгъэр Покров члисэм иратыжащ. Ауэ къалэ администрацэм унафэ ищIащ члисэ ухуэныгъэм нэгъуэщI щIыпIэ хухихыну. 2001 гъэм члисэщIэр яухуэн щIадзащ.