Архиепископ Феофилакт щоджэным ехъуэхъуащ илъэс тхущI зэрырикъуамкIэ

05.09.2019
Просмотры: 3293

2019 гъэм фокIадэм и 3-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Иверскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и щоджэн Еремеев Андрейрэ къардэн Копач Пётррэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэр, епархием и управленэм и лэжьакIуэхэр. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

ИужькIэ архиепископ Феофилакт щоджэн Еремеев Андрей иритащ «За труды на благо Пятигорской епархии» медалым и III нагъыщэр. Пастыр нэхъыщхьэм тыгъэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и екIуэлIапIэм кIуэхэр духовнэу узэщIыным теухуа и лэжьыгъэм папщIэ дамыгъэ хуигъэфэщащ, илъэс тхущI зэрырикъум папщIэ. Епархием и унэм и шхапIэм Андрей щихънагъ нэхъыщхьэм тыгъэ хуищIащ и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъыр икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.

***

Щоджэн Еремеев Андрей – профессиональнэ сурэтыщIщ. 1989 гъэм щыщIэдзауэ Прохладнэм Сабий гъуазджэхэмкIэ и школым сурэтыщI гъуазджэхэм щыхурегъаджэ. 2011 гъэм Андрей къардэн хъуащ, 2015 гъэм – щоджэн. Андрей сабийхэр сурэт щIыным хуигъэсэным тхьэмахуэ школым щыпещэ, епархием и богословскэ-катехизатор курсхэм я къудамэм щрегъаджэ. 2015 гъэм щоджэн Еремеев Андрей къыдигъэкIащ Никольскэ члисэм теухуа тхылъ. 2018 гъэм и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм, Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым щрагъэкIуэкIащ.

3293
Фотогалерея