Епархием и екIуэлIапIэхэм ТекIуэныгъэм и махуэр щагъэлъэпIащ

12.05.2019
Просмотры: 2779

2019 гъэм накъыгъэм и 9-м Псыхуабэ епархием и щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ ТекIуэныгъэм и махуэр ягъэлъэпIащ къалэдэсхэм, станицэдэсхэм, къуажэдэсхэм я гъусэу.

Новоблагодарнэ къуажэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий ТекIуэныгъэм и фэеплъым деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. ПэкIум къыщыпсалъэм абы къыхигъэщащ ТекIуэныгъэ Иныр лъэпкъым и фIыгъэу зэрыщытыр. ИужькIэ къэзакъхэм я щIэблэм, сабий гъэсапIэм екIуалIэ цIыкIухэм махуэшхуэ концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ.

А махуэ дыдэм Суворовскэ станицэм щыпсэухэм я махуэшхуэ колоннэ ирикIуащ администрацэм и утым щыщIэдзауэ ЗауэлI щIыхьым и фэеплъым нэс, ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ махуэшхуэ пэкIу щекIуэкIам. Махуэшхуэр къызэIуихащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъхэу Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман. Хъуэхъу нэужьым унафэщIым тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, станицэм щыщу зауэм хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ. ПэкIу нэужьым махуэшхуэм пащащ къэзакъ хорымрэ цIыхубэм папщIэ нэгузыужь зэхыхьэхэмрэ.

Спартэ къуажэм, КъШР-м ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу я къуажэдэс, Совет Союзым и ЛIыхъужь Енжиевск Андрей фэеплъ къыхузэIуахащ. Къуажэ Троицкэ члисэм и унафэщI щоджэн Иманов Алексий къуажэм дэса лIыхъужьым, зауэм хэкIуэдахэм я цIэкIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ пэкIум хэтхэр ягъэхьэщIащ. Махуэшхуэр щиухым лъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжащ.

КъБР-м и Котляревскэ станицэм и Покров члисэм и унафэщIри пэкIум къыщыпсэлъащ. Щоджэн Арманов Николай Урыс Чристэн Члисэм ТекIуэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр ягу къигъэкIыжащ. Къулыкъу нэужьым унафэщIым удз гъэгъахэр трилъхьащ фэеплъым. Къэзакъ члисэ урядым хэтхэм махуэшхуэ концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ.

Сторожевой станицэм, КъШР-м щыпсэхэм фэеплъым деж зыщыхуагъэзащ къалэ администрацэим и Iэтащхьэ Чотчаев Солтан, Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Кравченкэ Андрей, станицэм и къэзакъхэм я атаман Пустовой Иван. УнафэщIым хэкIуэда станицэдэсхэм я фэеплъыр зыщамыгъэгъупщэну жиIащ.

«Уахътыншэ полкым» ТекIуэныгъэм и махуэм хэтащ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэр, щоджэнхэр, Свято-Сергиевскэ гимназием и гъэсэнхэр. Зэхыхьэм хэтащ еджакIуэхэм я адэ-анэхэр, гимназием и гъэсэнхэр.

Железноводск щыпсэухэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрей. Щоджэныр Тхьэ елъэIуащ зауэлIхэм

я псэр зэгъэн папщIэ икIи ветеранхэмрэ зауэм и бынхэмрэ ТекIуэныгъэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ.

2779
Фотогалерея