Архиепископ Феофилакт Мэрем Иным и тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

27.04.2019
Просмотры: 2027

2019 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Мэрем Иным и пщыхьэщхьэ тхьэлъэIумрэ Щэбэт Иным и пщэдджыжь тхьэлъэIумрэ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къалэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

Щихънагъым члисэм икум КъегъэлакIуэм и тхьэнапэ хэдыкIар кърихьащ икIи ар къахуеджащ «О распятии Господа и на плач Пресвятой Богородицы» каноным. ИужькIэ Щоджэн нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

А махуэм и пщыхьэщхьэм архиепископ Феофилакт Щэбэт Иным и пщэдджыжь тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. Пастыр нэхъыщхьэм щоджэнхэр,

фIэщхъуныгъэ зиIэхэр и гъусэу Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам зэгъусэ тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. ИужькIэ щоджэнхэр къеджащ бегъымбар Иезекииль и тхылъым Иисус къызэрытэджыжам теухуауэ итхэм, Христос и щхьэщэхужым теухуауэ Апостолым щыщым, Инджылым. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым жиIащ Христос ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжынум зэрыпэплъэм теухуа псалъэ.

2027
Фотогалерея