Железноводскрэ Зеленчукскэ станицэмрэ щоджэнхэм я зэIущIэ щызэхэтащ

28.03.2019
Просмотры: 2378

2019 гъэм гъатхэпэм и 26-м Железноводск и Покров члисэм щоджэнхэм я зэIущIэ щызэхэтащ, гуэныхьхэр Iуэтэжыным теухуауэ. Щэхухэр иригъэкIуэкIащ благочинием и щоджэн нэхъыжь Устименкэ Филипп. И узэщIыныгъэм хыхьэу абы зыубгъуауэ ягу къыщигъэкIыжащ тхьэлъэIу езыгъэкIуэкIахэмрэ Члисэм и егъэджакIуэхэмрэ. ИужькIэ щоджэнхэм я зэIущIэ зэхэтащ. Абы хыхьэу благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий унафэщIхэм яхутепсэлъыхьащ екIуэлIапIэм и гъащIэм.

А махуэ дыдэм Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм папщIэ гуэныхьхэр Iуэтэжыным и щэхухэр Зеленчукскэ станицэм и Петропавловскэ члисэм щригъэкIуэкIащ благочинием и щоджэн нэхъыжь Тарнакин Александр.

Щоджэнхэм защыхуигъазэм, абы яхуигъэлъэгъуащ щоджэнхэм я щIэныгъэм гу лъатэну: «Дэнэ лъэныкъуэкIи щызэхыбох: дохутыр, егъэджакIуэ Iэзэхэр щымыIэу, IэпщIэлъапщIэхэр гъуэтыгъуейуэ. Щоджэнхэм къахуэмыарэзыхэри щыIэщ. Ауэ щоджэнхэм къагурыIуэркъым къэхъуамрэ ягу иримыхьымрэ? Дегупсысыпхъэщ ди щIэныгъэмкIэ щIэмыарэзым. Абы и жэуапыр зыщ: щоджэным тхьэлъэIур ирегъэкIуэкI. ЕкIуэлIапIэм къакIуэхэр абы къызэрыхуриджэфынур езым и щапхъэ къудейкIэщ. Абы бгъэдэлъ Iэзагъхэм мыхьэнэ иIэкъым и щапхъэкIэ щIимыгъэбыдэжмэ: Теплъэр фIэщхъуныгъэ псалъэкIэ, лъагъуныгъэкIэ, къабзагъэкIэ къэгъэуш (1 Тим, 4, 12).

Гуэныхьхэр Iуэтэжын къулыкъум иужькIэ чристэн тхылъым и махуэр гъэлъэпIэным теухуа Iуэхухэр зэхалъхьэжащ, тхьэмахуэ нэхум и тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIынур яубзыхуащ, Христос и Тхьэмахуэ Нэхур, Радоницэ махуэшхуэхэр щIыгъуу.

2378
Фотогалерея