Чристэн тхылъым и махуэр сабий творчествэмкIэ центрым щагъэлъэпIащ

15.03.2019
Просмотры: 1846

2019 гъэм гъатхэпэм и 14-м Прикубанскэ районым сабий творчествэмкIэ и центрым щекIуэкIащ «Встреча с книгой» махуэшхуэр. Ар епщIанэ ирагъэкIуэкI хабзэ дахэ хъуауэ. ЗэIущIэм и хьэщIэ лъапIэ хъуащ: щоджэн Малютин Геннадий – Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщIыр, къуажэм и имам Эбзеев Руслан-хьэжы, район библиотекэм и унафэщI Филимоновэ Людмилэ. Махуэшхуэм ирагъэблэгъащ 5 классым щеджэхэу къуажэ школым щIэсхэр, сабий творчествэмкIэ центрым и гъэсэнхэр.

Псом япэу ныбжьыщIэхэм зыхагъэгъуэзащ тхылъ дапхъэм телъу къызэрагъэпэща «Вначале было Слово» гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа сабий литературэхэм. ИужькIэ сабий творчествэмкIэ Центрым и унафэщI Жыкъуэ Маринэ махуэшхуэм и тхыдэм тепсэлъыхьащ. Сабийхэр хэтащ тхылъым ихуа псалъэжьхэр зэращIэм теухуа зэпеуэм, «Урысейм и япэ тхылъхэр» викторинэм хагъэхьа упщIэхэм жэуап иратащ. Филимоновэ Людмилэ и къэпсэлъэныгъэр триухуащ тхылъым дунейм щиIэ мыхьэнэм. Щоджэнхэр тепсэлъыхьащ ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэмрэ КъурIэнымрэ, ныбжьыщIэхэм я упщIэхэм жэуап иратащ.

Махуэшхуэм хэтахэм иратащ «Наш Теремок» журналыр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэм къыщыдэкIыр.

 

1846
Фотогалерея