Архиепископ Феофилакт жорыкъуэхэм яIущIащ

10.03.2019
Просмотры: 2436

2019 гъэм гъатхэпэм и 9-м, НэщI Иным и пэ къихуэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IущIащ жорыкъуэхэмрэ Щоджэн нэхъыщхьэм умэхъын щIыным и щэхухэр щригъэкIуэкIа унагъуэхэмрэ. Хабзэ зэрыхъуауэ Щихънагъ нэхъыщхьэм а щэхухэр щоджэнхэмрэ Епархием и унэм и лэжьакIуэхэмрэ я бынхэм папщIэ ирегъэкIуэкI. Илъэс къэс апхуэдэ зэхыхьэхэм кърихьэлIэхэм я бжыгъэм хохъуэ.

Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIащ, иужькIэ унагъуэхэр пастыр нэхъыщхьэхэм я гъусэу ЩIалэгъуалэ центрым щызэхуэсащ, Щихънагъ нэхъыщхьэм и жорыкъуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ махуэшхуэ шхыныгъуэхэр къапэплъэрт – IэфIыкIэхэмрэ блиныхэмрэ. Псыхуабэ епархием щэнхабзэмкIэ и къудамэм игъэхьэзыращ концерт программэ мыин. Ауэ нэхъыщхьэр балигъхэмрэ сабийхэмрэ зэрызэпсалъэрт, епархием и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыпсэу унагъуэхэр куэд щIауэ зэрогъэныбжьэгъу. Къызэхуэсахэм ящыщ дэтхэнэри Пастыр нэхъыщхьэм хутепсэлъыхьащ и унагъуэ хъыбархэм, упщIэхэр иратащ.

НэщI Иным и пэ къихуэу хьэщIэхэм защыхуигъазэм, архиепископ Феофилакт жиIащ: «Ди сабийхэм папщIэ Тхьэ селъэIуным пысщэнущ, я фIэщхъуныгъэр быдэу къэхъуну, узыншагъэ яIэну, нэхъыбэрэ гуфIэну».

Жорыкъуэхэм Щихънагъ нэхъыщхьэм и саугъэтым къыдэкIуэу и гъусэуи фэеплъ сурэт зытрагъэхащ, тхьэлъэIу нэужьым члисэ зэухэхьэсам. Унагъуэхэм чэзууэ Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу сурэт зытрагъэхащ.

2436
Фотогалерея