Кисловодск гимназием и гъэсэнхэм махуэшхуэр ягъэлъэпIащ

09.03.2019
Просмотры: 1958

2019 гъэм гъатхэпэм и 6-м Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и пэщIэдзэ классхэм щIэсхэр хэтащ «Масленица» махуэшхуэм. Сабийхэр темыпыIэжу махуэшхуэм пэплъащ икIи зыхуагъэхьэзыращ – усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зрагъэщIащ, махуэшхуэ фэилъхьэгъуэхэр ягъэхьэзыращ, адэ-анэхэм я гъусэу блины ящIащ.

Махуэшхуэм, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ нэхъыжьхэм, гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоаннрэ егъэджакIуэхэмрэ IущIащ. Сабийхэр усэ къеджащ, уэрэдхэр жаIащ. ЕтIуанэ классым щIэс Афоньшин Иаков баяным еуащ, 4 классым щIэсхэр ирагъэплъащ Михалков Сергей и «Как старик корову продавал» усэм къытращIыкIа теплъэгъуэм.

«Масленица, честная, весёлая, широкая» - НэщI Иным и пэ къихуэ тхьэмахуэм Урысейм арат зэреджэр. Масленицэр гъэлъэпIэным хыхьэрт джэгухэр икIи ахэр егъэджакIуэхэм къызэрагъэпэщырт, Масленицэр гъэлъэпIэныр НэщI Иным зыхуэгъэхьэзырыным щыщ Iыхьэу зэрыщытым, а хабзэм сабийхэр щыгъуазэу къагъэхъун папщIэ.

Махуэшхуэр щиухым унафэщIыр абы хэтхэм ехъуэхъуащ, НэщI Иным IущIэну зыхуагъэзащ, гимназием и гъэсэнхэм псори блиныкIэ ягъэхьэщIащ.

1958
Фотогалерея