2019 гъэм мазаем и 21-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Стратилат Феодор и фэеплъ махуэм, Черкесск и Покров члисэм и тхьэлъэIум щызэхуэсащ суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм b Управленэм Къэрэшей-Шэрджэс республикэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр. Стратилат Феодор, чристэн зауэлхIэм пщIэ зыхуащIыр, 2010 гъэм къулыкъум и хъумакIуэу ягъэуващ.
2015 гъэм мазаем Къэрэшей-Шэрджэсым и приставхэр япэу члисэм щыIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Стратилат Феодор тхьэлъэIукIэ зыхуагъэзэну. Абы лъандэрэ ар хабзэ хъуащ. Республикэм и суд приставхэм папщIэ къулыкъу тхьэлъэIур мы зэм иригъэкIуэкIащ члисэм и щоджэн Птушкин
Сергий. Управленэм и лэжьакIуэхэм абы захуигъэзащ духовнэ лъапIэныгъэхэр яхъумэну икIи суд приставхэм шыIэныгъэ яхэлъыну. ТхьэлъэIум хэтащ Жылагъуэ советым хэтхэр, ветеранхэр. ТхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ Жылагъуэ советым хэтхэр, Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэхэр, щоджэн нэхъыжь Нартов Александр я дэIэпыкъуэгъуу.
- ТхьэлъэIухэм япэу дыхэту аракъым, къулыкъу зыщIэ суд приставхэм я лэжьакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщхэм. НэхъапэIуэкIэ си къуэрылъхури къыздэсшащ апхуэдэ тхьэлъэIум. Ар IуэхуфIу къызолъытэ, дяпэкIи зегъэужьыпхъэу, - къыхигъэщащ управленэм и Жылагъуэ советым хэт Буркацкий Валерий.