2019 гъэм мазаем и 19-м Суворовскэ станицэм щрагъэжьащ Казанскэ члисэм и ухуэныгъэр, зэгуэр зэхакъутауэ щытар.
Гуапагъэ ящIэным и пэ къихуэу тхьэлъэIур зэхакъута члисэм деж щригъэкIуэкIащ Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэу Верэ, Надеждэ, Любовь абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман и гъусэу. ТхьэлъэIум хэтащ станицэм и Iэтащхьэ Федоров О.А., атаман Чукарин В.В., алыджхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Кайшев
Ш.С., Щихънагъ Феофилакт ухэуныгъэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Музенитов П.В., администрацэм и лIыкIуэхэр, къэзакъхэр, станицэдэсхэр.
ТхьэлъэIу нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ иужькIэ благочиннэм къызэхуэсахэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и хъуэхъур ялъигъэIэсащ, члисэ зэхуэхьэсар зыухуахэмрэ абы зи нэIэ тетхэмрэ Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ икIи гугъэ ищIащ Къэзан члисэр къагъэщIэрэщIэжыну.
Станицэм дэсхэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыгуфIыкIащ. Зэпсэлъэныгъэхэм хыхьэу, лъапIэныгъэр къагъэщIэрэщIэжын папщIэ гуп къызэрагъэпэщащ.
А махуэм благочиннэри щыIащ Тхьэм и Анэм и Рождество члисэ Бекешевскэ станицэм щыIэм, члисэщIэмрэ тхьэмахуэ школымрэ я ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым.