ЕкIуэлIапIэхэм щагъэлъэпIащ Афганым зауэлIхэр къызэрырашыжам и юбилейр

17.02.2019
Просмотры: 2338

2019 гъэм мазаем и 15-м илъэс 30 ирикъуащ Афганистаным совет зауэлIхэр къызэрырашыжрэ. А махуэм къэралым игу къегъэкIыж зауэлI-афганхэм, нэгъуэщI зауэхэм я ветеранхэр, Урысейм и щIыпIэ шынагъуэхэм, хамэ къэралхэм къулыкъу щызыщIахэр.

Мазаем и 14-м, Кисловодск и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и еджакIуэхэр хэтащ «Эхо афганской войны» пшыхьым, «Крепость» тхыдэ-лъахэхутэ музейм щекIуэкIам. Пшыхь нэужьым гимназием и гъэсэнхэм хэкIуэда лIыхъужьым и анэ Гогричиани Ноннэ я гъусэу удз гъэгъахэр тралъхьащ зауэлI-интернационалист Гогричиани Важэ и фэеплъ дапхъэм, гимназием и унэм щагъэувам.

Мазаем и 15-м Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн хэтащ совет зауэлIхэр Афган Демократие республикэм къызэрырагъэкIыжрэ илъэс 30 зэрырикъур. Ар къызэригъэпэщащ Кисловодск къалэм Афган зауэм и ныкъуэдыкъуэхэм я къудамэ щыIэм, ветеранхэм я зэгухьэныгъэм, «Боевое братство» жылагъуэ зэгухьэныгъэм. ФIыщIэ псалъэкIэ ветеранхэм зыкъыхуагъэзащ Кисловодск къалэм и Iэтащхьэ Курбатов Александр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь, къалэ Думэм и депутат Торосян Аркадий, щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн.

Абы къызэхуэсахэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэр ялъигъэIэсащ икIи къыхуриджащ лIыхъужьхэм я фэеплъыр яхъумэну, Тхьэмрэ Хэкумрэ хуаIэ лъагъуныгъэр я щапхъэу щIалэгъуалэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъухэр. Зэхыхьэр щиухым благочиннэм игу къигъэкIыжащ Хэкум папщIэ зи псэ зытахэр. Ветеранхэм иратащ юбилей медалхэр, щIыхь тхылъхэр. Махуэшхуэ концертым гимназием и гъэсэн Видинская Анастасие жиIащ Трофимов Сергей и «Родина» уэрэдыр.

Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм Афган зауэм и ветеран цIыху 81-рэ щопсэу. Мазаем и 15-м ахэр щызэхуэсащ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм, блэкIар ягу къагъэкIыжыну, гузэвэгъуэм пэIэщIэ дащIын папщIэ. Хъуэхъу псалъэхэр жаIащ ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, депутатхэм. Ветеранхэм къабгъэдэкIыу хъуэхъу жиIащ щоджэн Пронь Алексей. Абы ягу къигъэкIыжащ фIэщхъуныгъэм, тхьэлъэIум къыпэкIуэ телъыджэхэр, къызэхуэсахэр къыхуриджащ мамырыгъэмрэ ехъулIэныгъэмрэ папщIэ Тхьэ елъэIуну.

2019 гъэм мазаем и 14-м Котляревскэ станицэм и курыт еджапIэ №8-м и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм зыхуагъэзащ хьэщIэ лъапIэхэм: зауэм и ветеранхэу Май районым щыпсэухэм, районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Скляров Дмитрий, Покров члисэм и унафэщI щоджэн Арманов Николай. Ветеранхэм епсэлъа нэужь курыт еджапIэм кIуэхэм захуигъэзащ щоджэным, мамырыгъэ къытхуэзыхьахэм фIыщIэ хуащIыну, я Хэкур фIыуэ ялъагъуну къыхуриджащ. УнафэщIыр ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ чристэн щIалэгъуалэм я махуэмкIэ.

2338
Фотогалерея