Къэрэшей-Шэрджэсым и псыежэххэр щоджэнхэм ягъэнэхуащ

23.01.2019
Просмотры: 2414

Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм хабзэ хъуауэ Тхьэр умэхъын щащIа махуэшхуэм псыежэххэр ягъэнэху.

Кардоникскэ станицэм и Покров члисэм екIуалIэхэр махуэшхуэм зэгъусэ тхьэлъэIум хэту члисэм щыщIэдзауэ Аксаут псыежэхым нэс кIуащ, псыежэхыр гъэнэхун къулыкъур щагъэзэщIам. Мы гъэм псом хуэмыдэу станицэдэсхэр щыгуфIыкIащ Крещенскэ купелым, станицэм и властым зи нэIэ тетар. Псыежэхым тыншу уехыу къызэрагъэпэщащ, зыри зэран къахуэмыхъуу ехыурэ псыр кърагъэхъуэн папщIэ.

Зеленчукскэ станицэм зэгъусэ тхьэлъэIур къэзакъхэм щрагъэкIуэкIащ. Ар Петропавловскэ члисэм щыщIэдзауэ Большой Зеленчук псыежэхым и лъэс

лъагъуэ лъэмыжым кIуэцIрыкIыу кIуащ. Гъэ къэси хуэдэу лъэмыжым деж къэзакъхэр я дэIэпыкъуэгъуу Крещенскэ купель къызэрагъэпэщащ. Махуэшхуэм ирихьэлIэу дунейр щIыIэу щытащ, ауэ дыгъэпсу. Станицэдэс куэдым а махуэм Большой Зеленчук псыежэхым зыщагъэпскIащ.

Исправнэ станицэм и зэгъусэ тхьэлъэIур Михаило-Архангельскэ члисэм щыщIэдзауэ кIуащ, псыежэхыр щагъэнэхуа щIыпIэм нэс.

Преграднэ станицэм и Кирилло-Мефодиевскэ члисэм екIуалIэхэр хабзэ хъуауэ станицэм и къэзакъхэм ирагъэкIуэкI зэгъусэ тхьэлъэIум хэту Уруп псыежэхым нэс кIуащ, гъэнэхун къулыкъур щрагъэкIуэкIам.

2414
Фотогалерея