ЩIалэгъуалэ Хъуромэ балым Кисловодск и бал хабзэхэр къигъэщIэрэщIэжащ

15.01.2019
Просмотры: 3135

2019 гъэм щIышылэм и 13-м Сафонов В. И. и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал академическэ филармонием ЩIалэгъуалэ хъуромэ бал къыщызэригъэпэщащ Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм Кисловодск администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэмрэ «Сретение» щIалэгъуалэ центрымрэ щIыгъуу.

Классикэ макъамэр, бостей екIухэр, жьыхухэр махуэшхуэм я нэщэнэт, Христос и Хъуромэ 2019 гъэ къэунэхуам теухуар. Балыр зэхэтащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ.

Балым щызэхуэсащ студентхэр, еджакIуэхэр, къалэ, район зэмылIэужьыгуъэхэм щыщ чристэн щIалэгъуалэр. Абы къыхигъэщащ балым хэтхэр хъуромэ махуэхэм плъагъуну зэрыгуапэр, Христос къызэралъхуам теухуа хъыбар гуапэмкIэ псори щызэдэгуашэм. Щихънагъыр щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ я гум нэхумрэ лъагъуныгъэмрэ щахъумэну. ФIэхъус гуапэхэр жиIащ Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Iэтащхьэ Курбатов Александр, Ставрополь крайм и депутат Торостян Аркадий. «Ди Курзал телъыджэм дгъэзэжа хуэдэщ, XIX лIэщIыгъуэм балхэр щекIуэкIам, макъамэхэр щыIуу щытам, гъуазджэкIэ гъэнэхуауэ», - жиIащ Курбатов Александр.

Хъуромэ балым и программэм хыхьэу зыкъагъэлъэгъуащ къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм. Апхуэдэу абы полонез, вальс, мазуркэ щагъэзэщIащ. Классикэ къафэхэр щIалэгъуалэм ягъэзэщIэнымкIэ ядэIэпыкъуащ балыр езыгъэкIуэкIхэр. ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ захъуэжу къэфащ. Зи узыншагъэм къимыхь щIалэгъуалэри балым ирагъэблэгъащ икIи балым и программэм хэтащ.

3135
Фотогалерея