«Целебный Ессентуки» центрым екIуалIэхэм я хъуэпсапIэхэр псапэ Iуэхум и фIыгъэкIэ ягъэзэщIащ

15.01.2019
Просмотры: 2020

2019 гъэм щIышылэм и 13-м Псыхуабэ, Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и утым щрагъэжьащ хъуэпсапIэхэр ягъэзэщIэным теухуа Iуэхур. Iуэхум и нэхъыщхьэр – КМВ-м узыншагъэр хэIущIыIу щыщIынырт, «ДыгъафIэ къалэ» ОВЗ центрым и нэIэ щIэт ныбжьыщIитIым я хъуэпсапIэхэр ягъэзэщIэнырт. Псапэ Iуэхур къызэрагъэпэщащ Псыхуабэ, Черкесск епархиемрэ "Kavkaz.run" зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ.

Зэхыхьэм хэтащ щIалэгъуалэр, нэхъыжьхэр, сабийхэр зыщIыгъу унагъуэхэр. КъищынэмыщIауэ, «ДыгъафIэ къалэ» IуэхущIапIэм щыIэхэм ядэIэпыкъун папщIэ атлетикэ псынщIэм дихьэххэм, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм къикIахэм зыкъагъэлъэгъуащ! Абы къыхэкIа ахъшэмкIэ епархием и центрым и нэIэм щIэт Иванрэ Елизаветэрэ ныкъуэдыкъуэхэм я коляскэхэр къыхуащэхуащ. «Ныбжьэгъухэ! Дэ нобэ зыхэтщIэр къэIуэтэжыгъуейщ! Сабийхэм фадэIэпыкъун папщIэ псори фызэхуэсащ! Дэтхэнэ зыми ди щхьэр фхудогъэщхъ! Фи гулъытэм, гуапагъэм папщIэ фIыщIэ фхузощI», - жиIащ «ДыгъафIэ къалэ» епархие центрым и унафэщI Земцевэ Екатеринэ.

Соборнэ утыкум щагъэуващ псапащIэхэм къабгъэдэкIа шейхэмрэ абы драфыну шхыныгъуэхэмрэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм анимацэ программэ ягъэхьэзыращ Иванрэ Лизэрэ ядэIэпыкъун папщIэ къекIуэлIа сабийхэм папщIэ. «ДыгъафIэ къалэ» IуэхущIапIэм и волонтёрхэм псапэ бэзэр къызэрагъэпэщащ.

2020
Фотогалерея