«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм щыIащ «ГъащIэм папщIэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщIыр

13.01.2019
Просмотры: 2051

2019 гъэм щIышылэм и 11-м епархием члисэ псапэ щIэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий иригъэкIуэкIащ пащтыхь Ирод иукIа Вифлеем сабийхэм я фэеплъ тхьэлъэIу. ТхьэлъэIум зэхуишэсащ дунейм къытемыхьа сабийр бгъэкIуэдыжыныр сабий быукIыныр зэрыарар. Епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым и лэжьыгъэм дэтхэнэ зыми хэлъхьэныгъэхэр

хуещI, Псыхуабэ, Черкесск епархием и архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ лажьэм, унагъуэмрэ анагъэмрэ ядэIэпыкъуным илъэсихым нэблэгъауэ хуэлажьэм.

ТхьэлъэIум «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и ныбжьэгъу 50 зэхуишэсащ – псапащIэу, езыр-езыру Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуащIыныр я гупыжу. Абыхэм ящыщт докторхэр, егъэджакIуэхэр, юристхэр, психологхэр, социальнэ лэжьакIуэхэр, анэхэр. Языныкъуэхэм дунейм къытемыхьа я сабийр ягъэкIуэдыжыну арэзы техъуакъым икIи я нэпс къекIуэу Тхьэм фIыщIэ хуащIащ я бынхэм, анэ насыпыр зыхащIэну Iэмал зэраIам папщIэ. Адрейхэр Тхьэм елъэIуащ дунейм къытемыхьа я сабийхэр зэрагъэкIуэдыжар Тхьэм къахуигъэгъуну, а гуэныхьыр гуапагъэ ялэжьу япшыныжыну Iэмал къаритыну.

А махуэм центрым и хьэщIэ лъапIэ хъуащ «ГъащIэм папщIэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Чесноков Сергей. Ар Тхьэ щелъэIуащ ЕссэнтIыгу станицэм и Успенскэ члисэм, епархием и кризис центрым щыIащ, абы и щытыкIэмрэ лэжьыгъэмрэ зыхигъэгъуэзащ. «ГъащIэм папщIэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI Чесноков Сергейрэ «Анэхэм папщIэ унэ» центрым и унафэщI Рубец Ларисэрэ зэпсэлъащ. Ахэр тепсэлъыхьащ я Iэзагъэм, гъащIэр хъумэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм, унагъуэм и лъапIэныгъэхэм.

2051
Фотогалерея