2018 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт чристэн псапащIэ Попович Виктор и хьэдэщIэлъхьэр игъэзэщIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу. Попович Виктор 1977 гъэм щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ унэтIыныгъэм щолажьэ, Прохладнэм Покров члисэм, Кременчуг-Константиновскэ къуажэм Тхьэм и Анэм и члисэм, Налшык Магдалинэ Марие и
цIэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсахэм хэлъхьэныгъэхэр хуищIащ. Виктор и цIэр тратхащ а члисэ зэхуэхьэсам и уэзджынэм. 2008 гъэм Виктор Патриаршэ щIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ, 2011 гъэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт абы иритащ Москва и Урыс Чристэн Члисэм и джыназ, щихъ Даниил и орденыр.
«Дунейм ехыжам и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я гъусэу гузэвэгъуэр ядызогуэш. Си къуэшхэ, шыпхъухэ, си лъагъуныгъэ, фIыгъуэ Виктор хузиIэр Тхьэм селъэIуу къызогъэлъагъуэ, ди ныбжьэгъум, унэтIакIуэм и псэр зэгъэн папщIэ», - щыжиIащ архиепископ Феофилакт хьэдэщIэлъхьэм.