Архиепископ Феофилакт хэтащ Ставрополь и VI ВРНС зэхуэсым и лэжьыгъэм

15.12.2018
Просмотры: 2166

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт хэтащ Ставрополь ВРНС-м и пленар зэIущIэм. Еханэу мы гъэм ирагъэкIуэкI зэхыхьэм щызэхуэсащ щIэныгъэлIхэр, политикхэр, волонтёрхэр, дин зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэр, иджырей Iуэху зэIумыбзхэм тепсэлъыхьын папщIэ. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ Дунейпсо Урыс ЦIыхубэ члисэ зэхуэхьэса жылагъуэ Зэгухьэныгъэм, Ставрополь митрополием, Ставрополь крайм и Правительствэм, Кавказ ищхъэрэ къэрал университетым. Зэхыхьэхэр ирагъэкIуэкIащ «ЮгСтройИнвест» IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Зэхуэсым и «Традиции Кавказа – дела людей доброй воли» фIэщыгъэцIэм унэтIыныгъэ зыбжанэ къызэщIиубыдэрт: социальнэ къулыкъу щIэныр, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэм духовнэ къэлъыхъуэныгъэ, фIэщхъуныгъэр щыгъэбыдэныр.

Ставропольскрэ Невинномысскрэ я митрополит Кирилл хьэщIэхэм фIэхъус ярихащ икIи къыхигъэщащ къагъэлъэгъуа гупсысэхэр къызэрагъэсэбэпынур.

Мы гъэм зэхуэсыр щрагъэкIуэкIыр техуащ Ставрополь епархиер илъэси 175-рэ щрикъум. Абы ирихьэлIэу Къэрал Думэм и унафэщIым и къуэдзэ Тимофеевэ Ольгэ хъуэхъу тхыгъэ игъэхьащ.

Зэхыхьэм и мыхьэнэр къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм и правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Ковалев Иван, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым Ставрополь крайм щиIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ушаков Сергей, Ставрополь крайм и Думэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Судавцов Дмитрий. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм и темэхэр къэрал политикэм и зы унэтIыныгъэм щыкIуэ щыIэщ.

ВРНС-м Ставрополь крайм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, СКФУ-м и ректор Левитская Алинэ и псалъэм къыхигъэщащ дэтхэнэ зы хабзэри гъащIэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэм зэрыщыщыр. Ар тепсэлъыхьащ СКФУ-м щIалэгъуалэм зегъэужьыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихыр.

Пленар зэIущIэ нэужьым зэхыхьэр унэтIыныгъэ зыбжанэм щыпащащ. Тематикэ секцэхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм, къэралым и музейм щрагъэкIуэкIащ.

2166
Фотогалерея