Псыхуабэ епархием и семинарым егъэджакIуэ щищ зэхуишэсащ

23.05.2018
Просмотры: 2791

Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым егъэджакIуэхэм я егъэджэныгъэ семинар щекIуэкIащ. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ педагогикэ, математикэ щIэныгъэхэм я доктор, социальнэ педагогикэмкIэ кафедрэм и профессор, чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ тхылъхэр зэхэзылъхьа Янушкявичене Ольгэ.
Семинарым хэтащ екIуэлIапIэхэмрэ Псыхуабэ, Черкесск епархием и Iэгъуэблагъуэм щыIэ еджапIэхэм я егъэджакIуэ 300-м щIигъу. Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин.
Семинарым и япэ Iыхьэр теухуауэ щытащ чристэн егъэджэныгъэ щэнхабзэм и тхыдэм. ЕгъэджакIуэхэм жыджэру упщIэхэр ятащ, я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ зэхъуэжащ, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм ехьэлIа Iуэху зэIумыбзхэм тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм Ольгэ мастер-класс итащ чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ дерсымкIэ.
Егъэджэныгъэ зэхыхьэм къриубыдэу егъэджакIуэхэм Iэмал яIащ тхылъхэр, тетрадхэр къащэхуну. Семинарым хэта дэтхэнэ зыми сертификат иратащ. Ар щиухым, егъэджэныгъэмрэ катехизацэмкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин фIыщIэ хуищIащ лекторым семинар купщIафIэ икIи гъэщIэгъуэн зэритам папщIэ. Апхуэдэу егъэджакIуэхэр зэыхьэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ псалъэ гуапэхэр яжриIащ.

2791
Фотогалерея