Кисловодск гимназием и гъэсэнхэр IущIащ чристэн егъэджакIуэм икIи тхакIуэм

08.03.2018
Просмотры: 2578

2018 гъэм гъатхэпэм и 6-м чристэн егъэджакIуэ, тхакIуэ, къардэн Конин Илья Кисловодск къалэм и Никольскэ классическэ гимназием щригъэкIуэкIащ дерс зэIухахэр. Къардэныр – чристэн егъэджакIуэщ, богословиемрэ культурологиемкIэ и кандидатщ, «Жизнь и учение Господа Иисуса Христа», «Закон божий», «История ветхого завета», «Священная история: от Адама до меня» тхылъхэр къыдигъэкIащ. «Радость моя» телеканалымкIэ къата нэтынхэр игъэхьэзыращ. Гимназием дерсхэр гупищым щекIуэкIащ. ПэщIэдзэ классым щIэсхэм къардэн Илья яхутепсэлъыхьащ фIэщхъуныгъэр зищIысым, члисэм и щытыкIэм, мультфильмхэм иригъэплъащ, езым и тхыгъэхэм къытращIыкIахэм. Илья ныбжьыщIэхэм упщIэ зыбжанэ яритащ.
5-7 классхэм щIэсхэм я деж щита дерсыр щIэщыгъуэ хъуащ. Абы къриубыдэу еджакIуэхэм епсэлъылIащ. Ахэр иригъэплъащ «Священная история: от Адама до меня» тхылъым къытращIыкIа анимацэ фильмым. Сабийхэм упщIэхэм жэуап иратащ икIи лэжьыгъэхэр ягъэзэщIащ. Гимназием и хорым хьэщIэм тыгъэ хуищIащ «Ты живи, моя Россия» уэрэдыр. 8-11 классым щIэсхэм яхуэгъэза псалъэмакъыр теухуауэ щытащ шынэм. Ахэр къытеувыIащ шынэр къызыхэкIым, абы узэрыпэщIэтынум, уи
щхьэхуиытыныгъэр пфIэкIуэдыным теухуа шынэр, жэуаплыныгъэ зэрыпхьым ехьэлIа шынэм, закъуэныгъэм теухуа шынэм, гъащIэм и мыхьэнэр пфIэкIуэдыным ехьэлIа шынэм, лIэныгъэм теухуа шынэм, уи щхьэм и мызакъуэу Iыхьлыхэм. Дерсыр щиухым, гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн Илья фIыщIэ хуищIащ дерс купщIафIэхэм папщIэ икIи хьэщIэм тыгъэ хуищIащ Кисловодск теухуа тхылъ. Илья Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и лъапIэныгъэхэм я щхьэр хуагъэщхъащ, члисэ музеймрэ Чристэн сымаджэщымрэ щыIащ. Махуэр щиухым къардэн Илья IущIащ «Святыни земли родной» музейм и щIалэгъуалэм. Ахэр тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр зыгъэгузавэ Iуэхухэм: лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ.

2578
Фотогалерея