«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм щагуэшащ екIуэлIапIэхэм щызэхуахьэса ахъшэр

25.01.2018
Просмотры: 2763

«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм иратащ Псыхуабэ, Черкесск епархием и благочиниехэм я екIуэлIапIэхэм щызэхуахьэса хьэпшыпхэр икIи бзылъхугъэ уэндэгъухэмрэ бын зиIэ анэхэмрэ хуагуэшащ, центрым и социальнэ екIуэлIапIэм щыпсэухэм мы зэманым. Iуэхум ирагъэблэгъащ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуэзыгъэза анэхэр. Абыхэм щыдэIэпыкъу махуэм я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Константиновскэ станицэм и Свято-Тихоновскэ члисэм и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм. Абыхэм спектаклхэр ягъэхьэзыращ, уэрэдхэр жаIащ, усэ къеджащ. Дыгъэгъазэ-щIышылэ мазэхэм щихънагъ Феофилакт, ЕссэнтIыгу къалэ администрацэм, Псыхуабэ и хьэрычэтыщIхэм къабгъэдэкI IэфIыкIэхэр сабий 450-м хуагуэшащ. Кризис IуэхущIапIэм щащIа псапэм и фIыгъэкIэ, Хъуромэ нэщIым щыщIэдзауэ, Анэхэм папщIэ унэ IуэхущIапIэм щыIэ
унагъуэхэр махуэшхуэм IущIащ. Зыхуеину ерыскъыпхъэхэр, къабзагъэм и Iэмэпсымэхэр, сабий шхыныгъуэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр, фэилъхьэгъуэхэр а лъэхъэнэм ирикъуу иратащ. «Хъуромэ тхыдэ» социальнэ Iуэхум хыхьэу, прикладной гъуазджэмкIэ «IэпщIэлъапщIэхэм я унэ» центрым бын куэд зиIэ адэ- анэхэр хэтащ мастер-классхэм. Концертым гупыж зыщIахэм зыкъыщагъэлъэгъуэну Iэмал яIащ. ПсапащIэм къыбгъэдэкI торт 50 бынунагъуэшхуэхэм иратащ.

2763
Фотогалерея