«ДыгъафIэ къалэм» щызэхалъхьэжащ епархием и «Хъуромэ хуабэ» псапэ Iуэхум кърикIуахэр. 2018 гъэм щIышылэм и 14-м «Свет рождественской звезды» зэхыхьэм саугъэтхэр щатащ. Махуэшхуэм хьэщIэу цIыхуи 130-рэ зэхуишэсащ. Чристэн гупжьейм и гъэсэнхэм спектакль къагъэлъэгъуащ. Сабий дыгъэхэм волонтёрхэм я гъусэу хьэщIэхэр ягъэгуфIащ къафэхэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэм я хьэщIащ ЕссэнтIыгу къалэм и Тхьэнапищ члисэм и Тхьэмахуэ школым щыщ я ныбжьэгъухэр. Абыхэм театр теплъэгъуэ утыку кърахьащ.
Махуэшхуэр щиухым щIыхь тхылъхэр ятащ икIи хьэщIэхэм IэфIыкIэхэр зытелъ Iэнэ берычэтыр хуагъэуващ. Сабийхэм саугъэтхэр иратащ щихънагъ Феофилакт къыбгъэдэкIыу.
ИлъэсыщIэ зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Уае Дадэм тхыгъэ хуэзытхахэр. «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщI Земцевэ Екатеринэ зэрыжиIамкIэ, ЕссэнтIыгу щыпсэу цIыхуитIым я фIыгъэкIэ сабийхэм я хъуэпсапIэхэр хуащIащ.
«Хъуромэ хуабэ» Iуэхум хыхьэу 2017 гъэм щэкIуэгъуэм щыщIэдзауэ 2018 гъэм и щIышылэ пщIондэ IэфIыкIэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри зэхуахьэсащ. Зи узыншагъэм къимыхь сабий, балигъ, щоджэнхэм я бынхэу зи узыншагъэм сэкъат иIэ 767-м саугъэтхэр иратащ. Саугъэтхэр Псыхуабэ, Лермонтовск, Новопавловск, Кисловодск благочиниехэм, Предгорнэ районым, коррекцэ школищым, ЕссэнтIыгу къалэм и сабий гъэсапIищым яшащ. Епархием и щоджэнхэм саугъэтхэр зейхэм IэрагъэхьэжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Iуэхум жыджэру хэтащ ЕссэнтIыгу и школищымрэ сабий гъэсапIищымрэ. «ДыгъафIэ къалэ» центрым и гъэсэнхэр щыIащ щоджэн нэхъыщхьэм и псейм. НыбжьыщIэхэр сабий гъэсапIэм щыIащ. Нэхъыжьхэр сабий гъэсапIэм и хъуромэ зэхыхьэм щыIащ икIи Уае Дадэм IущIащ.