Благочиннэм и дэIэпыкъуэгъур хагъэхьащ Ставрополь и ЩIалэгъуалэ Правительствэм

08.12.2017
Просмотры: 2835

Старвополь крайм и Правительствэм щекIуэкIащ щIыналъэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и япэ зэIущIэр. Зэхыхьэм и Правительствэм хэтхэм щратыжащ абы зэрыхыхьам щыхьэт техъуэ тхылъхэр. Ставропольем щыщ щIалипщIым, Кисловодск члисэ округым и благочиннэм щалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Луконосовэ Марие я гъусэу щIыналъэм и ЩIалэгъуалэ Правительствэм хыхьащ.
Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Кувалдинэ Иринэ иригъэкIуэкIа япэ зэхыхьэм ЩIалэгъуалэ правительствэм щыщхэм унафэщIхэр хахащ икIи къыкIэлъыкIуэ илъэсым зэфIагъэкIыну къапэщылъхэр яубзыхуащ. ЩIалэгъуалэм зыщыхуигъазэм Кувалдинэ Иринэ къыхигъэщащ: «Ди щIыналъэм и щIалэгъуалэм фращапхъэу фыщытыну сыхуейщ. ЩIалэгъуалэ правительствэм блэкIа илъэсхэм зэфIигъэкIахэм уриплъэжмэ, япэ мазэхэм къэвгъэлъэгъэунум куэд елъытащ. ЩIалэгъуалэм фыкъацIыхун хуейщ. Жэрдэм
куэд щыIэщ. Ахэр вгъэзэщIэну фи къалэнщ». 

2835
Фотогалерея