Щихънагъ Феофилакт хэтащ Тэрч къэзакъыдзэм и гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм

17.09.2017
Просмотры: 3774

2017 гъэм фокIадэм и 16-м Новопавловск щекIуэкIащ къэзакъхэм я гуфIэгъуэ зэхыхьэ, Тэрч къэзакъыдзэр илъэс 440-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Зэхуэсым хэтащ Тэрч къэзакъыдзэм Ставрополь крайм, Ингушетием, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Шэшэн Республикэм щиIэ къэзакъ зэгухьэныгъэм щыщ къэзакъ 1000-м нэблагъэ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр ирагъэжьащ утыку нэхъыщхьэм щызэхуэсри. ХьэщIэ лъапIэ хъуащ Синод комитетым къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и унафэщI, Ставропольскрэ
Невинномыскрэ я митрополит Кирилл, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт, Георгиевскрэ Прасковейскрэ я щихънагъ Гедеон. ЗэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм теухуа доклад ищIащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Журавский Александр. Махуэшхуэм и щIыхькIэ дзэ атаманым къыхэжаныкIа атаманхэмрэ къэзакъхэмрэ игъэлъэпIащ.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм къалэ стадионым щыпащащ. Абы махуэшухэ программэ щатащ къэзакъхэм я творческэ гуп нэхъыфIхэм. Къэзакъхэм я гуп псоми махуэшхуэ Iэнэ ягъэуващ, хьэщIэхэмрэ кърихьэлIахэмрэ папщIэ. Стадионым абы ирихьэлIэу зэпеуэ щекIуэкIащ. Ар къызэригъэпэщащ Георгиевскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Калиткин Андрей. Шабзэ уэнымкIэ зэхьэзэхуэр гъэщIэгъуэн ящыхъуащ хьэщIэхэм. Махуэшхуэр Кавказ Ищхъэрэм и уэрэдрэ къафэкIэ зэухащIыжащ.

3774
Фотогалерея