ЕссэнтIыгу къалэм и махуэр тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ

27.08.2017
Просмотры: 3012

2017 гъэм шыщхьэуIум и 26-м ЕссэнтIыгу къалэм и чристэн члисэхэм  махуэшхуэ тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIащ. Пщэдджыжьым сыхьэти 10-мщыщIэдзауэ уэзджынэмкIэ хъыбар ирагъэщIащ Пантелеимоновскэ члисэм зэгъусэ тхьэлъэIур зэрыщрагъэжьэнур.
Ар къэзакъхэм ирагъэкIуэкIащ, тхьэнапэхэр яIыгъыу. Абы хэтащ ЕссэнтIыгу и чристэн члисэхэм я щоджэнхэр, къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр, къалэ Думэм и унафэщI Задков А., губернаторым и лIыкIуэ Батынюк С., ессэнтIыгудэсхэр, къалэм и хьэщIэхэр. Зэгъусэ тхьэлъэIур щрагъэкIуэкIащ Анджиевскэ, Интернациональнэ уэрамхэм. Ар щызэхуащIыжащ псыкъуий №17-м деж. Абдеж махуэшхуэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. Ар зэфIэкIа нэужь къэпсэлъащ ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэр. Некристов Александр къыхигъэщащ хабзэ дахэ хъуауэ махуэшхуэхэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ зэрырагъажьэр. Абы хэта псоми абы фIыщIэ яхуищIащ. Псом хуэмыдэу фIыщIэ лей хуищIащ зи жэрдэмкIэ илъэситI и пэкIэ а Iуэхур яублэжа, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. «Ди Тхьэ, ЕссэнтIыгу къэхъумэ», - и псалъэр зэхуищIыжащ Некристовым.
ЕссэнтIыгу члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий ягу къигъэкIыжащ: «Нэхъыщхьэр – къалэр къызэрыщIэрэщIэжым хуэдэу дигухэри къэдщIэрэщIэжынырщ. Чристэн члисэм зэрыжиIэмкIэ, экономикэм, социальнэ унэтIыныгъэм зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, ауэ псом хуэмыдэу псэм
зегъэужьыныр нэхъапэщ. Аращ къалэм и махуэшхуэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ щIедгъажьэр». Зэхыхьэр щиухым Сергий ессэнтIыгудэсхэм ехъуэхъуащ къалэр ирагъэфIэкIуэным, гъащIэм зрагъэужьыным къыдэкIуэу я псэми зрагъэужьыну, насыпыр къыгуэхыпIэ имыIэу абы зэрепхам. ЕссэнтIыгудэсхэм пщыхьэщхьэм ехъуэхъуащ архиепископ Феофилакт. «Къалэм и махуэм – Тхьэм, ди гъусэу псэухэм фIыщIэ худощI», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм.

3012
Фотогалерея