Епархием и щоджэнхэр Тхьэ елъэIуащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ

22.06.2017
Просмотры: 4203

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м Суворовскэ станицэм щыпсэухэр, къэзакъхэр, администрацэм и лIыкIуэхэр, ветеранхэр фэеплъым кIуащ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр ягу къагъэкIыжын папщIэ. Къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ ветеранхэм я Советым и унафэщI, станицэм и атаманыр. Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман зауэм хэкIуэда зауэлIхэм, мамыр цIыхухэм, зауэ зэманым хэкIуэда дэтхэнэми папщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. ПэкIур щызэхуащIыжым хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

Новоблагодарнэ къуажэм ТекIуэныгъэм и фэеплъым деж къуажэдэс куэд щызэхуэсат: курыт еджапIэм и еджакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, сабий гъэсапIэм и гъэсэнхэр, къэзакъхэр, администрацэм и лIыкIуэхэр. Фэеплъ пэкIум и пэ къихуэу Тхьэм и Анэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. Абы къызэхуэсахэм захуигъэзащ: «Гъэ къэси Щыгъуэмрэ фэеплъымрэ я махуэм ирихьэлIэу драмэ Iуэхугъуэхэм дыхэтщ. Ар тщыгъупщэнукъым! Абы къытригъэзэжын хуейкъым!, - жиIащ щоджэным. ТекIуэныгъэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

А махэум, сыхьэтыр 04.00-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и район псоми, чристэн щоджэнхэм щIалэгъуалэр ящIыгъуу Хэку зауэшхуэ зэманым 1941-1945 гъэхэм хэкIуэдахэм я фэеплъым щекIуэкIа пэкIум хэтащ. Налшык, «Фэеплъым и шэху» Iуэхум хэтащ къалэм и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр. КъБР-м и «Мир всем» чристэн щIалэгъуалэ центрыр, Аущ Столпние Симеон и цIэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр, ветеранхэр, къалэм и чристэн щоджэнхэр. Iуэхум хэтхэм захуигъэзащ Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин. Щоджэным къыхигъэщащ лъэпкъым и къуэхэм зэрахьа лIыгъэр икIи жиIащ ТекIуэныгъэмрэ мамырыгъэрэ къытхуэзыхьа дзэзешэхэмрэ зауэлIхэмрэ зэрытщымыгъупщэнур.

Кисловодск къалэм, «Журавли» фэеплъым деж пэкIу щекIуэкIащ, Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ илъэс 76-рэ зэрырикъум и Фэеплъ, щыгъуэ махуэм теухуауэ. Абы хэтащ Кисловодск округым и члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, Чристэн Свято-Никольскэ гимназием и егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр. Чристэн гимназием и гъэсэн Кудрявцев Артем Хэку зауэшхуэм теухуа усэхэм къеджащ.

Ветеранхэмрэ пэкIум хэтхэмрэ я пащхьэм къыщыпсэлъащ къалэ- зыгъэпсэхупIэм и Iэтащхьэ Курбатов Александр, къалэ думэм и депутат Каймин Григорий, Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

«ТекIуэныгъэ къытхуэзыхьахэр фыдогъэлъапIэ. Фи лIыхъужьыгъэм, фи лIыгъэм, Члисэм и тхьэлъэIухэм зэуIуу телъыджэ къагъэхъуащ. А ТекIуэныгъэр 1945 гъэм IутIыжым ирихьэлIэу къахьащ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий и щIыхькIэ. Аращи, Тхьэм къыдита текIуэныгъэр ди фIыщIэ тхьэлъэIхуэм щыхъума мэхъу. Фэри, фи лъэпкъми иджыри къыфпэщылъщ зы зэпэщIэтыныгъэ – щIэблэм я псэр къэфхьэхуныр. Ахэр Хэку лъагъуныгъэм, лIыхъужьыгъэм, лIыгъэм, фIэщхъуныгъэм, Хэкум къулыкъу хуэщIэн гъуэгу захуэм зэи темыкIыну!», - жиIащ благочиннэм.

ИужькIэ Иоанн тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ икIи ТекIуэныгъэр къэхьыным хэлъхьэныгъэ хуащIу хэкIуэда зауэлIхэр зэращымыгъупщэнур къыхигъэщащ. Архыз и Софие губгъуэм, Кавказыр щхьэхуит къэзыщIыжа зауэлIхэм я къуэшыкхъэ щыIэм щекIуэкIащ, хабзэ хъуауэ абдеж къыщызэрагъэпэщ щIалэгъуалэ Iуэху: «Кавказыр щхьэхуит къэзыщIыжахэм я фэеплъу шэху уэздыгъэ пыгъанэ». Зэхыхьэм хэтащ Зеленчукскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэр, «Профессиоанл» колледжым щIэсхэр, дзэ часть 20096-м къулыкъу щызыщIэхэр, Кисловодск благочинием и чристэн щIалэгъуалэр, Зеленчукскэ районым щыпсэухэр, абы и хьэщIэхэр. Iуэхур зэгъусэ тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ, Большой Зеленчук псыежэхым щыщIэдзауэ Кавказыр щхьэхуит къэзыщIыжа зауэлIхэм я фэеплъым нэс. Зэгъусэ тхьэлъэIум хэтхэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я къуэшыкхъэм нэсащ. Абдеж тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу нэужьым фэеплъ пэкIу зэхэтащ. Абы къыщыпсэлъащ: Зеленчукскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Федоров Владимир, Зеленчукскэ районым и дзэ комиссар Капушев Игорь, районым и жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр. ПэкIур щиухым, Зеленчукскэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Вильхов Пётр къызэхуэсахэр хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэну къыхилъхьащ. ХэкIуэдахэм я фэеплъу, уафэм шар хужьхэр ираутIыпщхьащ. 

ИужькIэ фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. ПэкIу нэужьым Кавказыр щхьэхуит къэзыщIыжахэм я унэцIэхэр зытет фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ. Ар игъэнэхуащ Псыхуабэ епархием IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм япыщIа и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин. Зеленчукскэ районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм Iуэхум хэтхэр ирагъэдэIуащ зауэм теухуа уэрэдхэм. Зэхыхьэр щиухым, Профессионал колледжым и гъэсэнхэм жаIащ, Хозак Рафаил, Арганович Евгений и псалъэхэр щIэлъу итха «От героев былых времен».дзэ-патриот уэрэдыр «Архыз» погранзаставэм ФСБ-м и Погран Управленэу Къэрэшей- Шэрджэсым щиIэм Iуэхум хэтхэр ирагъэблэгъащ сэлэт шхыныгъуэхэм я IэфIагъыр зэхагъэкIыну.

А махуэм, Псыхуабэ пщэдджыжьым сыхьэти 4-м, Дзэ ЩIыхьым и Фэеплъым, Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илья тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ, зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу. Фэеплъым чристэн щIалэгъуалэр къекIуэлIащ, я адэжьхэр зыщамыгъэгъупщэныр, тхыдэр зэрамыхъуэкIыныр я къалэну ялъытэу. ХэкIуэдахэм я фэеплъыр зэи кIуэдыжынукъым.

4203
Фотогалерея