Гимназием и гъэсэнхэм зрагъэцIыхуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэпшыныжахэмрэ я гъащIэм

Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэпшыныжахэмрэ я 
цIэр зезыхьэ Члисэ зэхуэхьэсам и махуэшхуэм, Черкесск къалэм и Свято-Сергиевскэ 
гимназием и гъэсэнхэм зыхагъэгъуэзащ Псыхуабэ епархием и щихъхэм я гъащIэм. 
ЕтIуанэ классым кIуэхэм къащIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Маруха къуажэм и 
щоджэн, Сентинскэ Преображенскэ цIыхубз къулъшырыф Теберда Ищхъэрэм щыIэм 
динщIэкъухэр зэхэзехуэн щащIам Русаков Никандр зэрихьа лIыгъэм теухуахэр.
Ещанэ классым щеджэхэр хагъэгъуэзащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ 
цIыхухъу къулъшырыфым и иеросхимонах Стефан (Игнатенкэ) и лIыгъэхэм. ЕплIанэ 
классым щIэсхэм къащIащ щихъ, Москварэ Урысей псомрэ я патриарх Тихон и гъащIэмрэ 
гуащIэмрэ теухуахэр.
ЕгъэджэныгъэмкIэ центр №11-м и 5-8 классхэм щеджэхэр ирагъэплъащ «Церковь 
в истории. Гонения на Церковь в XX веке» документальнэ фильмым. 

Просмотров: 743

Поделиться

VK:39834