Псыхуабэ и XII Хъуромэ щIэныгъэ къеджэныгъэхэр Лермонтовэ щызэхуащIыжащ

25.12.2022
Просмотры: 1933

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м Лермонтовэ къалэм щызэхуащIыжащ Псыхуабэ 
епархием и «Глобальные вызовы современности и духовный выбор человека» Хъуромэ 
щIэныгъэ къеджэныгъэхэр. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм щызэхуэсащ зэхыхьэм хэта цIыху щитIым щIигъу. Ахэр 
егъэджэныгъэмкIэ министерствэм, члисэ округхэм я благочиннэхэм, епархием и 
къудамэхэм я унафэщIхэм, къалэ, район администрацэхэм егъэджэныгъэмкIэ и 
къудамэхэм я унафэщIхэрщ, епархием и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэрщ, 
егъэджакIуэхэрщ. 
Хъуромэ зэхыхьэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я 
IуэхухэмкIэ министр Езауэ Анзор, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ 
Атаевэ Лейлэ, къалэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Кобзевэ Еленэ, Ставрополь 
епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и унафэщI игумен Алексий (Смирнов). 
Къеджэныгъэхэм ирагъэблэгъа хьэщIэхэр къэкIуащ: Синод къудамэм дин 
щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI иеромонах Трифон (Умалатов), сабий 
психолог, егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ я тхылъхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Медведевэ 
Иринэ. 
Зэхуэсыр къызэIуахащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт зэразыхуигъазэмкIэ: «Жылагъуэм и экономикэ зыужьыныгъэм имызакъуэу 
дуней псом гуэныхьым цIыхухэр зэресэжарщ, пцIыр пэжу утыку къызэрырахьэрщ 
дызыгъэгузавэр». 
ПцIыр захуагъэу утыку къыщрахьэкIэ ар нэхъри гъэбэгъуауэ зэбграгъэкI. 
Лъагъумыхъуныгъэр зэхуахьэсри, адэкIэ ар пхуэхъумэжыркъым. 
ХъыбарыфхIэр зэрыт тхылъ лъапIэм къщыхьащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэр пэжым 
дыхущIэкъун зэрыхуейр. Гъунапкъэхэр зыхъуэж, бзэхэр щызэрахъуэкI, хабзэхэр щахъуэж 
дунейм щызекIуэ пэжыр сыт хуэдэу пIэрэ. Пэжыр Тхьэрщ, КъегъэлакIуэ Иисус 
Христосщ», - щыжиIащ Щихънагъым закъыщыхуигъазэм. 
Къеджэныгъэхэм хыхьэу ягъэлъэпIащ «За нравственный подвиг учителя», 
«Красота Божьего мира», «Лучший учитель Основ православной культуры» зэпеуэхэм 
пашэ щыхъуахэр. Иеромонах Трифон (Умалатов) егъэджэныгъэ семинар иригъэкIуэкIащ, 
«За нравственный подвиг учителя» зэпеуэм 2023 гъэм хэтынухэм папщIэ. 

 

1933
Фотогалерея