Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ

22.12.2022
Просмотры: 2343

2022 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам 
пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэ тхьэлъэIу литургиер 
иригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн члисэм 
и щоджэнхэм щIыгъуу. Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм Тхьэ щелъэIуну щызэхуэсащ 
члисэм кIуэхэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр, Чристэн Свято-Никольскэ классическэ 
гимназием и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. ТхьэлъэIу литургие уэрэдхэр ягъэзэщIащ 
гимназием и гъэсэнхэм, гимназиер зи нэIэм щIэтхэм, члисэ зэхуэхьэсам и хорым. Христос 
и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ еджакIуэхэм. 
Литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. Иоанн махуэшхуэр 
езыгъэкIуэкIхэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и 
арэзыныгъэр лъагъэсащ, щихъ Николай и фIэщхъуныгъэм щапхъэ трахыну къыхуриджащ, 
гуапагъэ ящIэну, щихъым хуэдэу. УнафэщIым махуэшхуэм и хьэщIэхэр члисэ зэхуэхьэсам 
и утым иригъэблэгъащ, кисловодскэ къэзакъхэм губгъуэ кашэр ящIащ, шей ефащ, дэлэн 
щIыгъуу.
Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм ирихьэлIэу Чристэн гимназием и гъэсэнхэм я 
гъэлъэгъуэныгъэ къызэIуахащ. «Святыни земли родной» музейм щагъэлъэгъуащ 
«Святитель и Чудотворец Николай» фильмыр, зрагъэплъыхьащ, махуэшхуэм и хьэщIэхэм 
епсэлъащ. 
Махуэшхуэм щыпащащ щихъ Николай и акафист уэрэдыр жаIэу пщыхьэщхьэ 
тхьэлъэIум хыхьэу. Щихъыр ягъэлъэпIэну зэхуэсащ Кисловодскэ члисэ округым и 
щоджэнхэр. Благочинием и щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген щоджэнхэм я цIэкIэ 
ехъуэхъуащ щоджэн нэхъыжь Иоанн, члисэ зэхуэхьэсар зэгъэпэщыжыным хуищIа 
хэлъхьэныгъэхэр зыхуэдэр къыхигъэщу. 
Зэхыхьэр щиухым зэгъусэ тхьэлъэIум папщIэ фIыщIэ хуащIащ, псапащIэхэмрэ 
члисэм зи нэIэ тетхэмрэ фIыщIэ хуащIащ екIуэлIапIэм и  ахъшэ дэIэпыкъуныгъэм папщIэ. 
Чристэн гимназием фильм щеплъащ щихъым теухуауэ. ИужькIэ ахэр «Брейн-ринг» 
джэгуащ, щихъ Николай и гъащIэм теухуауэ. 

 

2343
Фотогалерея