«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм грант проектыр егъэзащIэ

28.03.2019
Просмотры: 2365

Епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым егъэзащIэ «Гуманитарный склад «Маме в помощь» грант проектыр. Ар пашэ щыхъуащ Урыс Чристэн Члисэм псапэ Iуэхухэр щIэнымрэ социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр лэжьынымкIэ и къудамэм и грант зэпеуэм. Зэхьэзэхуэр къыхэзылъхьахэм я мурадыр чэнджэщхэр иратурэ, мылъку дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIэурэ уэндэгъухэм, бын зиIэ анэхэм ядэIэпыкъуурэ дунейм къытемыхьа сабийхэр ирамыгъэгъэкIуэдыжынырщ, унагъуэм, адэ-анэм, сабийхэм ядэIэпыкъунымкIэ къызэрагъэпэща центрхэм я фIыгъэкIэ.

«Маме в помощь» проектыр хуэунэтIащ центрым къыщызэрагъэпэща гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ. Проектым хыхьэу щыгъынхэм папщIэ Iэмэпсымэхэр ягъэуващ. Гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэм папщIэ пэш щхьэхуэ хахащ. Абы щыгъынхэр зэрахуэхъум щеплъыну хуитщ. Складым жэуап зыхь унэтIакIуэ щIэтмэ, Iуэхур нэхъ зэфIигъэкIынущ. Анэхэм я пщIэмрэ хуащI гулъытэмрэ хигъэхъуэнущ апхуэдэ лэжьыгъэм. Проектыр гъэзэщIэным жыджэру хэтынущ гупыж зыщIхэр.

Псыхуабэ епархием грантым хухаха ахъшэм щхьэщитыкIащ гуманитарнэ хъумапIэр гъэнэхунымрэ ар къызэгъэпэщынымрэ. Проектыр зы илъэскIэ ягъэзэщIэнущ. IуэхущIапIэр зи жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщ Псыхуабэ, Черкесск епархием и архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, 2019 гъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ «Маме в помощь» проектыр гупыж зыщIахэр я дэIэпыкъуэгъуу къызэрагъэпэщ. Пэшхэр зэрахьащ, Iэмэпсымэхэр къащэхуауэ ягъэув, ягъэкъабзэ. Проектыр гъэзэщIэным цIыху 30-м щIигъу хэтщ. Апхуэдэхэщ адэхэр, студентхэр, дэIэпыкъуэгъу зылэжьхэр.

Кризис центрым и гуманитар дэIэпыкъуныгъэм хэхъуэ иIэщ Кавминводы щыпсэухэм, екIуэлIапIэхэм, хьэрычэтыщIхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я фIыгъэкIэ. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэр, къэбгъэлъагъуэмэ, цIыхубзхэм куэдрэ ядоIэпыкъу, я къэкIуэнум нэхъ тегушхуауэ ирегъэплъ, 2017-2018 гъэхэм я нэIэм щIэт унагъуэхэм сабий 118 къахэхъуащ. ЩIыналъэ центрым Кавминводы и къалэхэр, Предгорнэ, Минераловодскэ районхэр, Ставропольер къызэщIеубыдэ. Кировскэ районым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэр дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ. Кризис центрым и нэIэм щIэтхэм зи закъуэ къэна анэхэмрэ бынунагъуэшхуэхэмрэщ.

2365
Фотогалерея