Тхьэмахуэ школхэм я гъэсэнхэр щыIащ гъунэгъу екIуэлIапIэхэм

14.01.2019
Просмотры: 2279

Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым илъэс зыбжанэ хъуауэ Хъуромэм ирихьэлIэу зыр адрейм и деж хьэщIапIэ кIуэн хабзэр щыIэщ. Мы зэми щихъ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча джыназ Елизаветэ и цIэр зрихьэу Карачаевск къалэм щыIэ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр кIуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, Тверск и архиепископ Фаддей и фэеплъ тхьэмахуэ школ Исправнэ станицэм щыIэм и гъэсэн я ныбжьэгъухэм я деж. Я адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ папщIэ махуэшхуэ къызэрагъэпэщащ.

Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Илларион и цIэр зезыхьэ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм я пащхьэм Зеленчукскэ станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм Хъуромэ концерт щагъэлъэгъуащ. Абы хабзэ хъуауэ зыкъыщагъэлъагъуэ Зеленчукскэ музыкэ школым и «Лира-м» и гъэсэнхэм, сабий зыбжанэр тхьэмахуэ школми музыкэ школми зэрекIуалIэм папщIэ. Ахэр зэгъусэу йоджэ икIи хъуромэм IуощIэ. Махуэшхуэ нэужьым тхьэмахуэ школым и унафэщI Оганезовэ Валентинэ фIыщIэ тхылъхэр, дипломхэр, саугъэтхэр яритащ чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ екIуэкIа олимпиадэм и школ, муниципальнэ турхэм, «Красота божьего мира» зэпеуэм и епархие Iыхьэм хэтахэм. Апхуэдэу езыми къратащ «ОПК-мкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм зэрыхэтам папщIэ щIыхь тхылъыр.

Зеленчукскэ районым унагъуэ хуэмыщIахэм щыщ и сабийхэр щыIащ Черкесск щыIэ Щоджэн нэхъыщхьэм и псейм. Хъуромэ теплъэгъуэхэм иужькIэ ныбжьыщIэхэм Iэмал яIащ Щихънагъ Феофилакт епсэлъэну. ИкIи, гъэ къэс Хъуромэ зэхыхьэхэм хэтхэм архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI саугъэтхэр иратащ.

Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и махуэшхуэ зэхыхьэхэм пащэ. ДызыхуэкIуэ тхьэмахуэ махуэм тхьэмахуэ школхэм щоджэнархимандрит Восторгов Иоанн и фэеплъу Преграднэ станицэм ИлъэсыщIэр щагъэлъэпIэнущ.

2279
Фотогалерея