Уае Дадэр гимназием кIуащ

31.12.2018
Просмотры: 2320

ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и Iэгъуэблагъэм сиренэ макъ къыщыIуащ. Мы зэм ар еджапIэ дерстэкъым икIи гузэвэгъуэтэкъым, атIэ кадет-къегъэлакIуэхэм Уае дадэмрэ Уае гуащэмрэ зэрахьэщIэм теухуа хъыбарт. Абыхэм ящIыгъут «КъегъэлакIуэ-мафIэсгъэункIыфIхэр» е «КъегъэлакIуэ-лъыхъуакIуэхэр» классхэм я кураторхэр.

Урысей МЧС-м МафIэсгъэункIыфI, аварийнэ-къегъэлакIуэ лэжьыгъэхэр зэфIэхынымкIэ и къудамэм и управленэ нэхъыщхьэм КъШР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI подполковник Дергоусов Василий и гъусэу кадетхэм ягу къагъэкIыжащ зыгъэпсэхугъуэ зэманхэмрэ ИлъэсыщIэмрэ шынагъуэншагъэм и хабзэхэр зэрыбгъэзэщIэнур. ИужькIэ кураторхэр ныбжьыщIэхэм къэблагъэ ИлъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуащ икIи IэфIыкIэхэр иратащ, махуэшхуэм и тыгъэфI хъуар.

КъегъэлакIуэ-кадетхэри унафэщIхэм ехъуэхъуащ КъегъэлакIуэм и махуэмкIэ. ЕджакIуэхэм махуэшхуэ блынгазет ягъэхьэзыращ, усэ къеджащ, фэеплъ саугъэтхэр иратащ.

МЧС-м и лэжьакIуэхэм ныбжьыщIэхэм гъэ къэс ИлъэсыщIэ таурыхъ къыхузэрагъэпэщ, ныбжьыщIэхэм гуфIэгъуэ куэд къахуэзыхьыр.

2320
Фотогалерея