Щоджэн нэхъыжь Смирнов Димитрий: «Насыпыр унагъуэращ зэрылъыфынур».

20.09.2018
Просмотры: 2608

2018 гъэм фокIадэм и 19-м унагъуэмкIэ, анагъэмрэ сабиигъуэр хъумэнымкIэ Патриаршэ комиссэм и унафэщI, Воронежск къегъэлакIуэ Митрофан и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI Смирнов Димитрий яIущIащ Кисловодск къалэм и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
Димитрий и къэпсэлъэныгъэр иригъэжьащ гимназием и гъэсэнхэм адэ- анэхэм пщIэ яхуэщIыным теухуауэ жиIа псалъэхэмкIэ. Сабийхэм адэ-анэхэм пщIэ яхуэщIыныр шыIэныгъэм и япэ дэкIуеипIэу зэрыщытыр жиIа нэужь, щоджэным къыхигъэщащ псори шыIэныгъэмкIэ зэрырагъажьэр.
Унагъуэмрэ нэчыхьымрэ псалъэмакъ куэд траухуащ. ХьэщIэр къытеувыIащ унагъуэм и духовнэ лъабжьэхэм, Члисэр зищIысым, ар унагъуэм зэрыщыбухуэн хуейм. ЕджакIуэхэм лъагъуныгъэм, щIэныгъэм, Тхьэм хуиIэ фIэщхъуныгъэм, фIэщмыхъуныгъэм теухуа упщIэхэр ятащ.
Псом хуэмыдэу класс нэхъыжьхэм щIэсхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ «Свет» чристэн гимназием и гъащIэр. Ар щоджэн нэхъыжь Смирнов Димитрий и нэIэм щIэтщ. НыбжьыщIэхэр гупсэхуу едэIуащ Можай районым и Мышкинэ къуажэм и «Павлин» сабий пансионым и гъэсэнхэм ятеухуа хъыбарым. Чристэн фIэщхъуныгъэм сабийхэр щыщIапIыкI унэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и духовник хъуащ Димитрий.
Пастырым и псалъэхэр едаIуэхэм ягу нэсащ. ХьэщIэм еджакIуэхэм гу лъаригъэтащ гъащIэм и мыхьэнэм уегупсысын зэрыхуейм, цIыхум и къалэным. Иджырей гъащIэм зыри щытыншкъым, ауэ псом хуэмыдэу зи гъащIэр щIэзыдзэгъащIэхэр нэхъ гугъу щохь. Абы ирихьэлIэу гъащIэм хуеджэн хуейщ, фIымрэ Iеймрэ зэхэбгъэкIыфу. Зэпсэлъэныгъэр и кIэм щынэблагъэм щоджэным псоми захуигъэзащ фIэщхъуныгъэ быдэ яIэну, я гъащIэ гъуэгум Тхьэр къащыдэIэпыкъуну.
ЗэIущIэ нэужьым гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн хьэщIэ лъапIэм фIыщIэ хуищIащ псалъэмакъ щхьэпэм икIи гъэщIэгъуэным папщIэ. Зэхыхьэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ зэхуащIыжащ, гимназием и гъэсэнхэм алыджыбзэкIэ ягъэзэщIар, Димитрий гъащIэ кIыхь хъуным теухуауэ еджакIуэхэм ягъэзэщIар. Зэхыхьэм хэтахэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.
ЗэIущIэр зэхуащIыжащ, абы хэтахэм Димитрий и псалъэхэр ящыгъупщэнукъым: «Насыпыр унагъуэращ зэрылъыфынур».

2608
Фотогалерея