Щоджэнхэр хэтащ терроризмым пэщIэт пэкIухэм

05.09.2018
Просмотры: 2916

2018 гъэм фокIадэм и 3-м Псыхуабэ епархием и щоджэнхэр хэтащ пэкIухэм, терроризмым пэщIэтыным теухуахэм. Фэеплъ махуэр ягъэуващ 2004 гъэм фокIадэм къэхъуа гузэвэгъуэхэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм хыхьэ  Беслъэн къалэм и курыт еджапIэ 1-м цIыху 334-рэ щыхэкIуэдам, сабии 186-рэ, цIыху 500-м фэбжь щагъуэтам ехьэлIауэ. А махуэм аргуэру ягу къагъэкIыжащ террористхэм яIэщIэкIуэдахэр, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр.
2018 гъэм илъэс 25 ирокъу Кавказым и Минводы гузэвэгъуэр къызэрыщыхъурэ – гъущIгъуэгум къыщыхъуа террактым лажьэншэ цIыху пщIы бжыгъэхэр щыхэкIуэдам. 2003 гъэм фокIадэм и 3-м террористхэм Кисловодск къикI гъущIгъуэгур къагъэуащ. Зэман куэд дэкIами а гузэвэгъуэр цIыхухэм ягу ихуакъым иджыри, хэкIуэдахэр ящыгъупщэркъым. 2018 гъэм фокIадэм и 3-м Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрийрэ Чристэн гимназием и еджакIуэхэмрэ хэтащ къалэм террактыр къыщыхъуа Подкумок-Белый Уголь станцым деж щрагъэкIуэкIа «Мы помним ваши имена…» пэкIумрэ. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ терроризмым утекIуэн папщIэ лъэпкъ  хабзэхэр пхъумэн, укъызыхэкIа лъэпкъми емылъытауэ зым адрейм пщIэ хуэпщIын зэрыхуейр. ПэкIум хэтащ къалэ Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь, къалэ  администрацэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэр, къалэ школым и студентхэмрэеджакIуэхэмрэ. ПэкIум хэтхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ фэеплъ жорым деж. 

Уафэм шар хужь 39-рэ ираутIыпщхьащ, фокIадэм къэхъуа террактым хэкIуэдахэм я бжыгъэм пэбжу. Фэеплъ пэкIухэм щыпащащ 2003 гъэм террористхэм яIэщIэкIуэда
кисловодскдэсхэр щыщIалъхьа кхъэм. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ щоджэн  нэхъыжь Чеканов Димитрий. ПэкIу нэужьым гимназием и гъэсэнхэм удз гъэгъахэртралъхьащ къардэн Тарабаев Николай и кхъащхьэм, 2003 гъэм дыгъэгъазэм  мафIэгур къыщыуам хэкIуэдар. Николай и пхъуитIым Свято-Никольскэ гимназиер къаухащ икIи я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ Москва и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, и къуэ  Иоанн 11 классым щоджэ икIи махуэ къэс пщэдджыжь тхьэлъэIум хыхьэу и адэм ипсэр зэгъэну Тхьэм йолъэIу.
Къалэм и «Мы помним» щIалэгъуалэ Iуэхум хыхьэу «Журавли» фэеплъым  деж зэхыхьэм хэтхэм «шэху уэздыгъэ» щыпагъэнащ, террактхэм хэкIуэдахэр ягукъагъэкIыжу.
Прохладнэ къалэм и ут нэхъыщхьэм «Нет террору!» къыхуеджэныгъэм щIэту пэкIу щекIуэкIащ, терроризмым пэщIэту. Iуэхум къалэдэс куэд хэтащ, я ныбжькIи, IэщIагъэкIи, зыщыщ лъэпкъкIи, зэрыт динкIи зэщхьэщыкIыу. Терроризмым пэщIэтынымкIэ зэкъуэтыныгъэм къыхураджэу къэпсэлъащ къалэм и Iэтащхьэ Тарев Игорь, Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей, Прохладнэ районым и муфтийр я пашэу, къалэм и жылагъуэр хыхьэу. ПэкIу нэужьым Беслъэн къыщыхъуа гузэвэгъуэм и фэеплъу уафэм шар 334-рэ ирутIыпщхьащ.
Налшык, Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и утым деж террактым пэщIэт пэкIум хэтащ Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин къалэм и щоджэнхэмрэ КъБР-м и «Мир всем»  чристэн щIалэгъуалэ центрым щыщхэмрэ я гъусэу. Благочиннэм къыхигъэщащдэтхэнэ зы цIыхуми мамырыгъэ щыIэным хэлъхьэныгъэ хуищIыну зэрикъалэныр.
Къардэн Артунов Георгий Беслъэн къалэм щыхэкуэдахэр зэи ящымыгъупщэну, нэгъуэщI террактхэм хэкIуэдахэри.
Къэрэшей-Шэрджэсым пэкIу щекIуэкIащ Беслъэн къалэм щыхэкIуэда  сабийхэм я фэеплъу Хетагуров Коста къуажэм хабзэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщыр.2011 гъэм къуажэдэсхэм я мылъкукIэ ар ягъэуващ.
ПэкIум и пэ къихуэу тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ Маара Аягы, Каменномост къуажэхэм я Iимам Аджиев Исмэхьил- хьэжырэ.
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чеккуев Хъызыр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм, ЦIыхубэ зэхуэсым (Парламентым) и депутатхэм, Хетагуров Коста, Хумарэ къуажэхэм я школым и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къабгъэдэкIыу а махуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу къэпсэлъащ. ПэкIу нэужьым шар хужьхэр уафэгум ираутIыпщхьащ. Фэеплъ пэкIум хэтхэм фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
Черкесск къалэм и Свято-Сергиевскэ гимназием зэхуэс щекIуэкIащ, гузэвэгъуэ къэхъуахэм теухуауэ. «Ди зэIущIэр хэкIуэда сабийхэм я фэеплъым тыдоухуэ», - жиIащ ЕгъэджэныгъэмкIэ центр №11-м и унафэщI Ляшовэ Еленэ  пэкIум хэтхэм фIэхъус щарихым. НыбжьыщIэхэм гимназием зи нэIэ тет щоджэннэхъыжь Кузнецов Сергий я пашэу лажьэншэу яукIахэр ягу къигъэкIыжащ. ИужькIэ Сергий гимназием и гъэсэнхэм гъэ еджэгъуэщIэмкIэ ехъуэхъуащ икIи тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ гимназием, гъэ еджэгъуэщIэр зэрырагъэжьам  папщIэ. Апхуэдэ хъуэхъукIэ Свято-Сергиевскэ гимназиер къызэзыгъэпэща,Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт гимназием и гъэсэнхэм яIущIащ. Дэтхэнэ япэ классым кIуами портфолие щхъуэкIэплъыкIэ иратащ, архиепископ Феофилакт и хъуэхъур щIыгъуу. Гимназием и гъэсэнхэм
зэхыхьэ нэужьым сурэт зытрагъэхащ.

2916
Фотогалерея